Тхыдэ дахэ къызыдекIуэкIКъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ, Шэджэм щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. Музейм и унафэщIыр Мамбэт Майещ. IуэхущIапIэр 2005 гъэм къызэIуахащ, Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ. Зы къат хъу унэр пэш зыбжанэу зэпыудащ икIи абы хьэпшып мин бжыгъэхэр щахъумэр. Абы щызэхуэхьэсащ Шэджэм щIыналъэм и цIыху щэджащэхэм, лъэпкъ тхыдэм, хабзэм, псэукIэм ятеухуахэр. ЩIыналъэм щыпсэухэм я фIыгъэкIэ, абы щIэлъ хьэпшыпхэм я бжыгъэм зэпымыууэ къыхохъуэ, лIэщIыгъуэкIэрэ унагъуэхэм щахъумахэр щызэхуахьэс. Зы пэшым щызэхуэхьэсащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ махуэ къэс къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр: пасэрей гъущI етур, зэрыдэ «Zinger» машинэр, зэрыхьэжэ мывэ щхьэлыр, гухъур, пхъэ пхъуантэр, арджэнхэр, макъамэ Iэмэпсымэхэр, вакъэхэр, фэилъхьэгъуэхэр, IэлъэщIхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэдахэу щыта цIуугъэнэхэр, фалъэхэр, нэгъуэщIхэри. НыбжьыщIэхэм дежкIэ щIэщыгъуэ дыдэщ а псори. КIыщокъуэ Алим и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа пэшым щахъумэ тхакIуэм къыщIэна хьэпшыпхэр, и лэжьыгъэхэр, усэ тхылъхэр, Iэрытххэр, и пианинэр, стIолыр, телефоныр, нэгъуджэр, сурэтхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Музейм иIэщ зауэлI щIыхьым и пэши. Абы къыщызэрагъэпэщ фэеплъ зэхыхьэхэр, литературэ пшыхьхэр, лIыхъужьыгъэм и дерсхэр. КъищынэмыщIауэ, абы щIыналъэм и ветеранхэм щаIуощIэ. Зи къулыкъу зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъхэр щахъумэ. Хэку зауэшхуэм, Афган зауэм, дзэ Iуэху хэхам я ветеранхэм я сурэтхэр, дамыгъэ лъапIэхэр, тхыдэ дэфтэрхэр щыболъагъу абы. Музейм и фондым иджыри зэрызрагъэубгъум и щыхьэтщ Шэджэм къалэм щыпсэу Шыд Ахьмэд къарита, и анэшхуэм къыщIэна пощт маркэ щэ бжыгъэхэр. ГъэщIэгъуэнракъэ, блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм къыдагъэкIаи, СССР-м, Польшэм, Венгрием, Чехославакием, Германием, Монголием, Португалием къыщыдагъэкIаи яхэтщ. Музейм и лэжьакIуэхэм зэхуахьэсащ щIыналъэм хыхьэ къуажэхэм я тхыдэм теухуахэр. Ахэр къагъэсэбэп класс нэхъыжьхэм щIэсхэмрэ студентхэмрэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ. Зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм папщIэ музейм зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я мызакъуэу, абы зыплъыхьакIуэ макIуэ Тыркум, Иорданием, Сирием, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа хьэщIэхэр.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
03.05.2024 - 14:24 →
ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ
03.05.2024 - 10:01 →
Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр
|