Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ - ВДНХ-м«Урысей» международнэ гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и тхьэмахуэр гъатхэпэм и 5-м щыщIэдзауэ гъатхэпэм и I0 пщIондэ щекIуэкIащ Москва. - «ВДНХ-м и университет тхьэмахуэр IэмалыфIщ щIэныгъэм щыдиIэ ехъулIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ къэдгъэлъэгъуэнымкIэ, – жиIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и ректор Беспалов Дмитрий. - Выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэм университетым и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм зыщагъэгъуэзащ, мастер-класс щхьэпэхэр къэсэбэпащ иджырей гъащIэм щIэныгъэм щиIэ мыхьэнэр зыхащIэнымкIэ. Ди щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр балигъхэми, сабийхэми, IэщIагъэлIхэми гъэщIэгъуэн зэращыхъум шэч хэлъкъым. ВДНХ-м и павильон №75-м, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэхэм я плIанэпэхэр къызэщIэзыубыдэм, университетым и тхьэмахуэр къыщызэIуахащ «Мир нанотехнологий» лекцэмкIэ. Ар теухуат иджырей гъащIэм нанопкъыгъуэхэм щаIыгъ увыпIэмрэ ахэр куэду къызэрагъэсэбэпымрэ. Ар нэрылъагъу зыщI мастер-классхэр ирагъэкIуэкIащ. Урысейм и экономикэ зыужьыныгъэм, гъащIэ узыншэр зыхуэдэм, студентхэм хьэрычэт Iуэхум зэрызрапщытым, цIыхубзхэм щIэныгъэм щаубыд увыпIэм, Ставропольем и тхыдэмрэ археологиемрэ, нэгъуэщIхэм теухуа лекцэхэри гъэщIэгъуэнт. Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ хухаха махуэм хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым гъатхэпэм и 8-м щIэныгъэ-егъэджэныгъэ, творческэ программэ гукъинэж игъэлъэгъуащ, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм и щIыхькIэ. ЩIэныгъэлIхэм, къэпщытакIуэхэм, студентхэм павильонитIым щагъэхьэзыра Iуэху дахэр «Урысей» выставкэм и утыкуихым щагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу Ставропольем, литературэм теухуа лекцэхэмрэ мастер-классхэмрэ ирагъэкIуэкIащ. КърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ Хьэгъэжей Елдар зи художественнэ унафэщI «Горец» къэфакIуэ ансамблым. Кавказ Ищхъэрэм и махуэхэм къекIуэлIахэм щIэщыгъуэ, гукъинэж ящыхъуащ ялъэгъуахэр, ди щIыналъэм теухуауэ щIэ куэд къащIащ. Зэхыхьэ гуапэр гъэнщIауэ щытащ зэIущIэхэмкIэ, зыплъыхьакIуэхэмкIэ, концертхэмкIэ, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я мастер-классхэмкIэ. Беспалов Дмитрий и псалъэм къыхигъэщащ Ставропольем и егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ ягъэхьэзыра, щIэныгъэр, щэнхабзэр, творчествэр щызыхэухуэна программэр гукъинэж зэращыхъуар.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|