Хэди къыхэх, ауэ…

Дэ псоми дощIэ лэжьыгъэр дунейм фIыгъуэу щыIэм я къыхэкIыпIэу зэрыщытыр. Арынашауэ зыри къохъулIэнукъым. Хэбгъэзыхьмэ, щIым щIэлъ дыщэр къыпIэрыхьэн папщIэ ар къыщIэпхын хуейщ-адрей псоми я гугъу умыщIыхэ. Пэжу, абы къикIыркъым и бгыр щIэкъузауэ дэтхэнэми и дамэхэм бжьыр къытехьэлъэу щытыну:ди гъащIэр апхуэдэщи, языныкъуэхэм гугуехьхэр къатощIэ, адрейхэр абыхэм я гуащIэм хотхъыкI. А зэхуэмыдэныгъэр зэи яхуэгъэкIуэдыркъым, яхуэгъэкIуэдынуи къыщIэкIынукъым. АрщхьэкIэ лэжьыгъэр сыт щыгъуи къонэж къежьапIэ нэхъыщхьэу. Абы къыхэкIыу гурыIуэгъуэщ ар цIыхур зыIууэ шынагъуэхэми зэрыпыщIар. Уеблэмэ, гъащIэр нэхъыбэу зыхьыр щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхъей зауэ зэпэщIэувэныгъэхэркъым, зызыубгъу наркотикхэркъым, узхэркъым, атIэ цIыхур шхэн, псэун папщIэ махуэ къэс зэфIигъэкI лэжыгъэрщ ИужькIэ. дауи, ар зэкIуэлIэжыр а лэжьыгъэр зэрызэфIигъэкI IэщIагъэрщ. Ар къыщыхэтхкIэ дэ зытетщIыхь хабзэр дызэрыдихьэхырщ, дыхуэмыныкъуэу дызыхэпсэукIын къызэрыхэтхыфынурщ. Ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейкъым пылъ шынагъуэншагъэр зыхуэдизри. Иужьрейм псори къыпщIигъэныжынкIэ хъунущ. Абы егупсысыпхъэщ школхэр къэзыухауэ гъащIэм убыдыпIэ къыщызылъыхъуэхэр.

Статистикэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зы илъэсым дунейм зауэ-банэхэм псори зэхэту ику иту цIыху мин 650-рэ хуэдиз щыхокIуадэ, ауэ цIыху мелуани 2-м щIигъум я гъащIэхэр яхь къызэрыгуэкIыу ябж Iуэхухэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, США-м нэхъ шынагъуэ дыдэ зыпылъу къыщалъытэ мэзауэм и лэжьыгъэр-цIыху мини 100 къэс хуэзэу илъэс къэс мыбы цIыхуи 122-рэ дунейм щохыж къыщыхъу насыпыншагъэ зэмыщхьхэм я зэранкIэ. ЕтIуанэ увыпIэр яIыгъщ бдзэжьеящэхэм. Хьэуэ, хьэуэ, зи гугъу тщIыр къунтх зыIыгъыу псы Iуфэхэм щыщхьэукъуэу Iусхэркъым, атIэ ар къаубыдыну кхъухькIэ тенджызхэм техьэхэрщ. Апхуэдэхэр дзыхьщIыгъуэджэ щытыкIэ куэдым хохуэ. Кхъухьлъатэзехуэхэр ещанэщ. Ауэ фымыпIащIэ: мыбдежми, къыщыхэжаныкIыр граждан флотым и лэжьакIуэхэркъым, атIэ уней кхъухьлъатэ мыинхэр зезыгъакIуэхэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм машинэр уэгум зэрыдрагъэкIуейм хуэдэу дахэу къагъэтIысыжыфыркъым: я IэщIагъэм куууэ зыщIыкIыркъым.

КъакIэрыхуми, абыхэм бжыгъэкIэ якIэлъокIуэ дэ нэхъ тпэгъунэгъу ухуакIуэхэр. Мыбдежым бжьыпэр щызыIыгъыр лъагапIэм тету лажьэхэрщ - къат куэду зэхэт унэхэм я щхьэхэр тезылъхьэхэрщ, гъущI пкъо абрагъуэхэм кIапсэ гъумхэр фIэзыщIэхэрщ. Дауи, гухэхъуэщ псори плъагъуу и щхьэм укъеплъыхыну, ауэ сакъыныгъэр зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, апхуэдэхэр мащIэкъым…

Иджыри къэс дэ зи гугъу тщIар щытыкIэ къызэрыгуэмыкIхэм иту зи IэнатIэр езыхьэкIхэрщ. АрщхьэкIэ щIым утетуи дунейр уагъэбгынэнкIэ зэхуэIуа щыIэкъым. Мис а США дыдэм илъэс къэс щIэпхъаджащIэхэм щаукI полицейхэу ику иту 50 хуэдиз. ГъэщIэгъуэн гуэри хэлъ хуэдэкъым: хабзэхъумэхэр цIыху шынагъуэхэм япэщIэувэн хуей мэхъу езыхэм я лэжьыгъэкIэ. Ауэ мыр телъыджэщ: я IэнатIэм пэрыту зы илъэсым щыхокIуадэ тыкуэнтет 200! КъызэрыщIэкIымкIэ, полицэм и IэщIагъэр хуэдиплIкIэ нэхъ шынагъуэншэщ хьэпшыпхэр пщэуэ сату щIыпIэм ущIэтыным нэхърэ. Абы хэткъым ахъшэ къезышэкIыу яукI инкассаторхэм я бжыгъэр.

Аращи. IэщIагъэхэр зэхуэдэкъым я пIейтеиншагъэкIэ. Ауэ шынагъуэр лэжьыгъэм и закъуэ епхьэлIэнри къезэгъыркъым. Автомобиль зэжьэхэуэныгъэхэм, мафIэсхэм я гъащIэр яхт цIыху куэдым. Шахт къауэхэм щIипIытIэхэри мащIэкъым. Ауэ мыбдеж «щыкъуаншэр» зыгуэрхэм я мысакъыныгъэрщ е я пщэ дэлъ къалэнхэр тэмэму зэрамыгъэзэщIарщ.

Иужь зэманым щIыуэпс къэхъукъащIэхэм хэкIуэдахэм я бжыгъэм хэхъуащ, ауэ абыхэм яхуэбгъадэ хъунущ щIыпIэ къуейщIейхэм кIуэ е къурш задэхэм хуэмыхьэзыру дэкIыу, псым хыхьэу я гъащIэм пыкIхэри. Псэущхьэ Iэлхэм зыщахъумэн зэрыхуейр-щэ? Шынагъуэр къыздикIынур пщIэркъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, куэдым яфIэхьэлэмэтынщ илъэс къэс блэхэм нэхърэ бжьэхэм цIыху нэхъыбэ дунейм зэрырагъэхыжыр къащIэмэ: щыIэщ зы щхъухьыр гуащIащэ апхуэдэ лъатэ цIыкIухэри.

 Пэжу, иужьу жытIэхэр лэжьыгъэми IэщIагъэми зыкIи елъытакъым. АрщхьэкIэ дэни япэ щигъэщын хуейр сакъыныгъэрщ.

Поделиться: