НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 2, гъубж

Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ
Белоруссиемрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
1911 гъэм
Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.
1948 гъэм адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.
1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Рае.
1937 гъэм
къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.
1944 гъэм къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Абдокъуэ Iэуес.

 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 20, жэщым градуси 8 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дахэ жызымыIэм укъигъапцIэркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ