ЗыдэIэпыкъупхъэхэр ягъэбелджылащ

ЩIэуэ къыхалъхьащ

Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и министерствэм игъэбелджылащ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэм техуэ комиссэхэмрэ тыгъуэ пIалъэр фIезыгъэшхэм зэретхьэкъу къуэдыхэмрэ ятыну дяпэкIэ къызытемыхуэхэр.

 Абыхэм хабжащ бын куэд зиIэ адэ-анэхэр, пенсионерхэр, ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъхэр, Урысейм иригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр, Хэку зауэшхуэм хэтахэу ныкъуэдыкъуагъэ абы хэзыхахэм, хэкIуэдахэм, е дунейм ехыжахэм я унагъуэхэм. Коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат уасэм и процент-процентитIыр операторхэм комиссэу хагъэкI.

 Гъэ кIуам и дыгъэгъазэм Урысейм и Президент Путин Владимир цIыхубэм захуигъазэу «Линие занщIэмкIэ» къыщыпсэлъам жиIащ ПсэупIэ-коммунальнэ кодексым зэхъуэкIыныгъэщIэхэр зэрыхалъхьэнур икIи абы ипкъ иту цIыху щхьэхуэхэм комиссэхэмрэ къуэдыхэмрэ зэрыщхьэщахынур. Абы и псалъэхэм тету, ищхьэкIэ къыщыдгъэлъэгъуахэм къэрал льготэхэр хухахащ. Нобэм къэс комиссэхэр зэратыну щIыкIэр зыгъэбелджылар банкхэрщ. Абыхэм комиссэу сом 50 хуагъазэрт икIи, квитанцэхэм итым нэмыщI, ар щхьэхуэу ятын зэрыхуейр цIыхухэм къатехьэлъэрт. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ - банкхэм яхэтащ комиссэ Iызымыххэри. Иджыпсту коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къэралым льготэ зрит категориехэр пщIы бжыгъэм щIегъу:  Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я ЛIыхъужь цIэхэр зезыхьэхэр, къэралым иригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр, 1,2,3-нэ гупхэм хиубыдэ цIыху ныкъуэдыкъуэхэр, нэгъуэщI куэди.

Урысейм и щIыналъэ къэс, я зэфIэкIым елъытауэ, бынунагъуэшхуэхэм, лэжьыгъэм и ветеранхэм, сабий ныкъуэдыкъуэ зыпIхэм езыхэм я льготэ щхьэхуэхэри хуагъэувыжыну хуитыныгъэ яIэщ, апхуэдэ щапхъэхэри къэралым щымащIэкъым. Псалъэм папщIэ, Санкт-Петербург псэупIэ унэхэм щIат уасэмкIэ льготэхэр яIэщ Анэ-лIыхъужьхэм, илъэс куэдкIэ а къалэм щылэжьауэ пенсэм кIуахэм, жылагъуэ залымыгъэм и лей зылъысахэм.

Москва областым псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэм щыхукIэрагъэху лъы щIэх-щIэхыурэ зыт щIыхь зиIэ донорхэм, зи закъуэу псэу пенсионерхэм, къуажэхэм зи къалэныр къыщезыхьэлIэ бюджет лэжьакIуэхэм. Курган областым жылагъуэ репрессием ихьахэмрэ лэжьыгъэм и ветеранхэмрэ апхуэдэ дыдэ гулъытэ щагъуэт.

Мыдрейуэ, Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я ЛIыхъужьхэм, Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэм коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэр щхьэщахыпэ. Льготэ зиIэхэм яхэтщ коммунальнэ уасэхэм я ныкъуэр зымытхэри. КъищынэмыщIауэ, хэхъуэ мащIэ фIэкIа зимыIэхэм коммунальнэ уасэм пэкIуэ сом бжыгъэр къэралым субсидиеу къыIах хъунущ, унагъуэм къыIэрыхьэ ахъшэм нэхърэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэр процент 22-кIэ нэхъ лъагэу къыщыщIэкIым деж.

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться:

Читать также: