ХьэрычэтыщIэхэм зыщIагъакъуэКъэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ я IэнатIэхэм (МСП) щыпэрытхэм зэрыхудачых кредит ахъшэхэр етынымкIэ республикэм щыIэ банкхэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирагъэкIуэкI. Урысейм и Лъэпкъ банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ сом мелард 16,0 банкхэм иратащ, абы щыщу сом меларди 4,9-р уней IуэхущIапIэхэм. 2024 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и МСП-м и кредит портфелыр сом мелард 21,3-рэ хъуащ, абы щыщу уней IуэхущIапIэхэм яйр – сом меларди 5. Абы къыдэкIуэу, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, щыIэ хабзэм тету, «кредит каникул» жыхуаIэхэм хуэдэхэри хуагъэув. Абы и фIыгъэкIэ, мазэ къэс ахъшэр щыхалъхьэжын хуей пIалъэр мазих хуэдизкIэ хуагъэIэпхъуэ, я лэжьыгъэм зыпэмыплъа Iуэхугъуэ мыщхьэпэ къыхэкIамэ, ар ягъэзэкIуэжыфын хуэдэу.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
|