«Лэгъупыкъум» и псы дахэхэрПрохладнэ щIыналъэм щыIэ «Лэгъупыкъу» IуэхущIапIэм лэжьэн зэрыригъажьэрэ илъэсипщI хъуауэ аращ, ауэ а зэман кIэщIым къриубыдэу абы къыщIигъэкI, пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмрэ къахищIыкI псы IэфIхэр щIыпIэ куэдым къыщацIыхуащ. «Морсок»-щ абыхэм зэреджэр.
«Ди псы IэфIхэр къызыхэтщIыкIыр дэ езым ди губгъуэхэмрэ жыг хадэхэмрэ къыщыдгъэкIыжа пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэщ. Псом япэ идгъэщыр абыхэм фIагъ лъагэ яIэнымрэ лIэужьыгъуэм къыхэдгъэхъуэнымрэщ. Ди деж щынэхъыщхьэщ темыгузэвыхьу сабийхэр дипсхэм ирагъэфэныр. Сыту жыпIэмэ, ди продукцэр къабзэщ, абы химие пкъыгъуэ гуэрхэр хэлъкъым, къызыхэтщIыкIыр экологие и лъэныкъуэкIэ зэран здэщымыIэ щIыпIэм къыщетхьэлIэжа къэкIыгъэхэрщ. Ди псы IэфIхэр Урысейм и къалэ куэдым къыщацIыху, ауэ абыхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрытщIыным дыхущIэкъу зэпытщ. Апхуэдэуи ахэр зэрыдгъахъуэхэри дахэу, удэзыхьэхыу щытынми догугъу», - къыджиIащ «Лэгъупыкъум» коммерцэ IуэхухэмкIэ и унафэщI Когутанич Вадим.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|