Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм НэщIикIыж махуэ лъапIэмкIэ гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу!
КъэщIэрэщIэжыным епха гуфIэгъуэм и нэщэнэщ нэхугъэкIэ гъэнщIа мы махуэшхуэр, дэтхэнэ зыми и гур фIым къыхуигъэушрэ и псэм и къабзагъым елIэлIэ-ным, цIыхухэм дахэу ядекIуэкIыным, зэныбжьэгъугъэмрэ унагъуэм и лъапIагъымрэ яхъумэным, гущIэгъу яхэлъыным, адрейхэм ядэIэпыкъуным тригъэгушхуэу.
Республикэм муслъымэну исыр нэгъуэщI дин зезыхьэхэм, дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэм я гъусэу, ижь-ижьыжкIэ къыддекIуэкI псэукIэ хабзэхэр къызэтенэнымкIэ, цIыхугъэм и тегъэщIапIэ быдэхэм, зэхущытыкIэ гуапэм, зэгурыIуэмрэ пщIэ-нэмысымрэ я мыхьэнэр мыкIуэдынымкIэ, мамырыгъэ щыIэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу, а лъэныкъуэ псоми яхуэгъэзауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI.
Нобэ лIыгъэ зыхэлъ ди лъэпкъэгъухэу дзэ Iуэху хэхам къалэн щызыхьхэм ди къэралым щыщ адрей щIалэхэм ябгъурыту Урысейм и цIыхубэр хахуэу къахъумэ, дэ къытхапщэну зыхэт псэукIэ хабзэ пхэнжхэм дыщахъумэн папщIэ. Си гум къыбгъэдэкIыу абыхэм фIыщIэшхуэ яхузощI, я адэ-анэхэм щхьэщэ яхузощI.
Щхьэхуэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм къыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу къэтэджыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIыр, псапэхуэщIэ, волонтёр лэжьыгъэхэм, щIэныгъэм зегъэубгъуным жыджэру зэрыхэтыр.
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сохъуэхъу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу псоми узыншагъэ быдэ, насып, ехъулIэныгъэ яIэну, дэтхэнэ зыри и гугъэфIхэм лъэIэсыну.