ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъуНалшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. Осетинскэ уэрамым и гъуэгур нэхъ бгъуэ ящIащ, уэшхыпс-уэсыпсыр зэрылъэдэну кIэнауэхэр далъхьащ, асфальтыр зытралъхьэну лъабжьэр ягъэхьэзыращ, мывэхэр гъуэгубгъум иджыпсту къыIуалъхьэ. Абы нэмыщI, Налшыкыпсым телъ лъэмыжри зыхуей хуагъэзэж, гъуэгущхьэм тет пкъохэр зэрахъуэкI, ток кIапсэхэр яшэщI.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|