Ди къалэнхэр дыухакъым

Рэмэдан мазэр ирахьэкIыху зыхалъхьа хьэлыфIхэм къытенэным, зэман лъапIэм къащта дуней тетыкIэм емыпцIыжыным жэмыхьэтыр къыхуреджэ Шэджэм ЕтIуанэм дэт мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен. 
Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэнхэ! Рэмэдан мазэр иухри, а жэщ дыдэм щегъэжьауэ куэдым ди щытыкIэм зихъуэжащ, Алыхьым гущIэгъу зыхуищIахэм къищынэмыщIа. Ди хьэлымкIи, ди щытыкIэмкIи, ди псэлъэкIэмкIи, тхьэ хуэпщылIыкIэмкIи зытхъуэжащ. Тхьэмахуэ зыбжанэ ипэкIэ мэжджытым укъыщIыхьа нэужь, зэгъунэгъухэри зэныбжьэгъухэри, зэрыжаIэу, Алыхьым къызэригъэгугъа фIыгъуэм щыгугъыу, КъурIэным еджэу, Абы зыщигъэшынэм тегузэвыхьу, хьэлэл ищIар ящIэну, хьэрэм ищIам зыщахъумэну хуейуэ, езыхэм я фэр зэлъарэ я нэхэм нэпсыр къыщIэжу, я Iиманыр дэкIуеяуэ, КъурIэным теубгъуауэ еджэу щIэсащ. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэжыт ди турыхь нэмэзхэр зэрекIуэкIар? Ди сатырхэр изу, быдэу гъэжа блынджабэм хуэдэу зэкъуэту, уахэплъэмэ, уи нэр ящыгуфIыкIыу щытащ. Я гур къикIэзызыкIрэ тхьэшынагъ зыхалъхьам я нэпсыр къыщIихуу, нэмэзкIэ жэщхэр ягъакIуэрт нэхъыбэм. НэщI мазэр иухри, ди мэжджытхэри нэщI хъужащ. 
Фи нэгу къыщIэвгъэхьэжыт Рэмэданым и кIуэцIым мыбы ерыскъыуэ щызэрахьамрэ жумартагъыу къыщекIуэкIамрэ? Мылъкуу щагуэшар, сэджыту щатар! Дапхуэдиз тхьэмыщкIэрэ зеиншэмрэ я нэпсым къызэпижыхьа, зэрыгуфIэщам къыхэкIыу? ЩIыхуэ зытелъым хуапшыныжу, сымаджэу хущхъуэ уасэ зыхуримыкъум мылъкукIэ зыщIагъакъуэу, сыт хуэдиз мэжэщIалIэхэм я ныбэ из хъужат? АрщхьэкIэ Рэмэданыр иухри, псапэр псым хуэдэу къызэрыжу щыта Iэхэр гъущыжри ежьэжащ.  
Сыт хуэдиз цIыху щIэса мыбдежым, я Iэр шияуэ духьэ ящIу? «Алыхьым къытхуимыщIэмэ, хэт къытхуэзыщIэнур», - жаIэрэ КъэзыгъэщIам фIэлIыкIыу икIи щыгугъыу! Нобэ ди Iэхэри етхьэхыжащ, ди жьэхэри зэщIэтпIэжащ, ди бзэгухэри гъущыжащ, зэдгъэщIа духьэхэри тщыгъупщэжащ. Дигухэми загъазэри, нэхъ быдэ хъужащ. Сыт-тIэ къэхъуар? Рэмэданыр икIыу фэрыщIыгъэ къытхыхьауэ ара? 
Пэжщ, а мазэм хуэдэу фIым ухуэпIащIэу, псапэ зэрыблэжьу щытам хуэдэу, мыдрей зэманым ущытыфынукъым. Рэмэданыр Алыхьталэм апхуэдэу хихащ, цIыхур нэхъ лейуэ фIым хуэпабгъэу. ИтIани, ар зэфIэкIамэ, Жыхьэнмэ лъэмыжым дикIауэ аракъым. Рэмэданыр икIащ жытIэу, мэжджыт кIуэнри, КъурIэн еджэнри, зикр, духьэ щIынри, сэдэкъэ тынри тщыгъупщэж хъунукъым. МащIэу щытми, хабзэ гуэр дэ езым зыхуэдгъэувыжу, абы дытетын хуейщ. Алыхьталэми нэхъ фIэфIыр, мащIэу пэтми, зэпымыууэ ялэжь Iуэхугъуэращ. 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: