Насыпыр сыт зэлъытар?

Газетеджэхэр нобэ щыгъуазэ зыхуэтщI тхыгъэр зи къалэмыпэм къыпыкIар «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэж, абы и къыдэкIыгъуэхэм пэплъэ икIи набдзэгубдзаплъэу щIэзыджыкI бзылъхугъэ щыпкъэ АфIэунэ Ольгэщ. Ар Нарткъалэ щопсэу, и IэщIагъэкIэ филологщ. Ольгэ и тхыгъэ хьэлэмэтхэр нэхъапэми къытехуащ ди газетым. Ахэр ятеухуащ гъащIэм и зэхэлъыкIэм, цIыхухэм я гупсысэхэмрэ гурыгъу-гурыщIэхэмрэ. 
 

Эссе

«Гъащlэр сыту lэфlыщэ... 
Сыту щхьэусыгъуэ куэд хэлъ гъащlэм, ар lэфl пщызыщlу, гур зыгъэгуфlэу, псэр зыузэщIу... Уеблэмэ гу лъыдмытэххэу зыкъомыр блыдогъэкI, кlуэ аракъэ, апхуэдэу щытын хуейуэ фlэкlа къытщымыхъуххэу...
Ар гъащlэм и зы лъэныкъуэщ...
Нэхъ куууэ уегупсысмэ, дыджагъ зыкъоми хэлъщ гъащlэм. Абы гу лъозыгъатэри мыращ: зэман тlэкlу уиlэу, блэкl-къыблэкlыжхэм уакlэлъыплъмэ, наIуэ мэхъу зи нэгу гуфlэ илъ куэд цIыхухэм зэрахэмытым. Я гупсысэ дахэ гуэрхэм гукъыдэж къызэрыритыр къыбгуригъаlуэу, я пащlэкlэ щlэгуфlыкlыу щыткъым дызрихьэлIэхэм я нэхъыбапIэр, уеблэмэ я гупсысэхэр зэрыхьэлъэр къыуигъащlэу, я нэкlухэр зэхэлъщ, уфащ. 
Псом нэхърэ нэхъ уи жагъуэ хъур зи щlалэгъуэ цlыкlухэри зэрыапхуэдэрщ: псынщlэ дыдэу зекlуэхэу, замыплъыхьу, блэкlхэм яжьэхэуэнри хэлъу...
 Атlэ, сыту пlэрэ абы и щхьэусыгъуэр? Иджыпсту, къапщтэмэ, псори гъуэтыгъуафlэщ, тыкуэнхэм ерыскъыри хьэпшыпхэри пэрыхьэту щIэлъщи, ухуэкъулеймэ – нэхъыфIыр къэщэху, уи Iуэхур нэхъ хуэмыкIуэрэ – нэхъ пудыр къащтэ. Цlыхухэм ящыщ куэдым хамэ къэралхэм зыгъэпсэхуакlуэ кlуэныр зыуи къащыхъужыркъым, уеблэмэ илъэсым и кlуэцlым къэрал зытlущым я лъэр щытезыгъэувэфхэри мымащIэу яхэтщ. Кlэщlу жыпlэмэ, хъугъуэфlыгъуэр куэд дыдэщ. 
ИтIани, я насыпыр изу зэрыщымытыр куэдым ядыболъагъу. Сызытепсэлъыхьа мащlэми наlуэ къещl цlыхур насыпыфlэным и щхьэусыгъуэр нэгъуэщlу зэрыщытыр: унагъуэ зэгурыlуэкlэ дызэджэр, цlыху зэкlэлъыкlуэхэр, зым и унэ адрей ихьэу, зы Iэнэгу зэдишхыкIрэ зым и фlыр адрейм иlуэтэныр, и мыхъумыщlагъэр щlихъумэныр, нэхъыфlкlэ зихъуэжынымкlэ дэlэпыкъуу, «мывэкlэ къэуамэ щlакхъуэкlэ еуэжыным» тещIыхьауэ ди нанэ lущхэм дерсу дызыхурагъэджахэр тщымыгъупщэныр, гъунэгъу lыхьэр зэрыгуащlэри зыIэщIэдмыгъэхуныр, благъэр бгъэкlуэдынкlэ lэмал зэримыlэри а псоми щIыгъужу - мис ахэр тщыгъупщауэ арауэ пlэрэ ди нэгухэм гуфlэ имылъыжу дыщlэнэщхъейр? 

Ярэби, дауэ хъуну пlэрэ-тlэ адэкlэ ди къэкlуэнур, ди бынхэм, ди къуэрылъху-пхъурылъхухэм къапэплъэр сыт хуэдэ гъащIэу пIэрэ?.. 
Девгъэгусыс а псоми. Зэманыр мажэ, ущlэрымыхьэу. Абы къезыгъэгъэзэфа дрихьэлIакъым…
Акъыл зэхэдзэм къыдитыну пIэрэ а упщIэхэм я жэуапхэр? Зэгъусэу къэдгъуэтыфыну пIэрэ хэкIыпIэ гуэрхэр? Зэрыжаlэщи, дызэгъусэмэ - дылъэщщ! 
 Алыхьышхуэр ди гъусэщ. Амин».
 

 

Зыгъэхьэзырар ТАМБИЙ Линэщ.
Поделиться: