ЗауэлIым деж хьэщIапIэ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ. ПэкIухэмрэ зэIущIэхэмрэ къищынэмыщIауэ, блэкIа зауэжьым хэтауэ нобэ псэу нэхъыжь мащIэхэм я деж къулыкъущIэхэр хъуэхъуакIуэ кIуэнущ, яхуэфащэ пщэ хуащIынущ. Апхуэдэу хьэщIэхэр хуеблэгъащ Хэку зауэшхуэм хэта Караганов Николай.

«ЗауэлIым деж хьэщIапIэ» зыфIаща урысейпсо жэрдэмым ипкъ иткIэ Караганов Николай деж кIуащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министр КIурашын Анзоррэ УФ-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм и щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Разживин Сергейрэ. ХьэщIэхэр зыхуеблэгъа нэхъыжьыфIыр абыхэм гуапэу къапыкъуэкIащ, хъыбар гъэщIэгъуэн куэди къригъэдэIуащ. Зауэм хэта тхьэмадэм и гукъэкIыжхэм гур загъуэрэ къызэфIагъанэми, зэрихьа лIыхъужьыгъэм къыдэкIуэу, къикIуа гъуэгуанэм, мамырыгъэр дунейм щытепщэу щытын папщIэ игъэхъея гуащIэм укъызэщIаIэтэрт, цIыхум хузэфIэмыкIын фIыгъуэ зэрыщымыIэмкIэ фIэщхъуныгъэ къыпхалъхьэрт.

Караганов Николай 1943 гъэм дзэм ираджат, занщIэуи танкыдзэм пэщIэт артиллерием хагъэхьат. Илъэс 17 фIэкIа иримыкъуа щIалэщIэр и напэми, Хэку хьэкъми епцIыжакъым, псэемыблэжу бийм пэщIэтащ, щалъхуа лъахэр ихъумащ. Езыр Къэзахъстан щIыналъэм къыщалъхуами, зауэ нэужьым лэжьыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ, мыбдеж унагъуэ щищIащ, щылэжьащ. «Си гъащIэ Iыхьэр щысхьар Къэбэрдей-Балъкъэрыращ. Мы щIыналъэм къызита фIыгъуэр нэгъуэщIыпIэ щызмыгъуэтынкIи хъунут. Ауэ лъахэм и дахагъым хуэдэ дыдэу, сыкъызыхыхьа лъэпкъитIыр – адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ – гъэщIэгъуэн дыдэт. Абыхэм зэи хамэу сыкъалъытакъым. Сыт хуэдэ щытыкIэ симытами, ар си унагъуэ Iуэху ирехъу, ар си лэжьыгъэу щрет, сыт щыгъуи згъуэтари къыскъуэувари адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэщ. Си унагъуэцIэр зэхаха нэужь, сызыщыщ лъэпкъым къыщIэупщIэрт. Сэри сыт щыгъуи жысIащ япэщIыкIэ сызэрыадыгэр, итIанэ сызэрыбалъкъэрыр, иужькIэ сызэрыурысыр. Мы щIыналъэ дахэм щыпсэу лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэ бэлыхьхэр – нэхъыжьым хуэтэджыныр, цIыхубзым пщIэ хуэщIыныр, сабийм гулъытэ хэта егъэгъуэтыныр, Iыхьлы икIи ныбжьэгъу хьэкъыр хъумэныр – си гъащIэм щызу хэлъащ. Дэ дыщIэзэуар мамырыгъэрат, бийм дыщIыпэщIэтар цIыхубэм къагъэщIа щэнхабзэ фIагъхэр хъумэныр арати, хьэкъыу зыхэсщIэрт, ди гущIыIу къихьэну хуеяхэм дазэрытекIуар, лъы щIэдгъэжар пщIэншэ зэрымыхъуар. Ар зыхэсщIэрти, губгъэни бампIи сигу имылъу сыкъэпсэуащ», – жиIащ Караганов Николай.

ЗауэлIыр Лыхь къэралыгъуэр хуит къэзыщIыжхэм яхэтащ, ТекIуэныгъэм Берлин деж щыIущIащ. Илъэситху хуэдизкIэ Берлин дзэм къулыкъу щищIа нэужь, ди щIыналъэм къакIуэри, Тырныауз къалэм дэт бгылъэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэхэзыдз комбинатым щылэжьащ. Зэрихьа лIыгъэм пэкIуэу Караганов Николай Хэку зауэ орденым и ещанэ дамыгъэр, «Польшэр щхьэхуит къызэрищIыжам папщIэ», «Жуков Георгий» медалхэр къыхуагъэфэщащ.

Разживин Сергей зэрыжиIамкIэ, «ЗауэлIым деж хьэщIапIэ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэху дахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэтеувыIэркъым. ЖэрдэмщIакIуэхэр Къэрэшей-Шэрджэсым, Псыхуабэ къалэм щыIащ, иджы Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ингушым, Дагъыстэным кIуэну къапэщылъщ. «ЩIыналъэ къэс зэIущIэ зыбжанэ щыдогъэкIуэкI. Дауи, псори зэлъытар Хэку зауэшхуэм хэта нэхъыжьыфIым и узыншагъэрщ - абы къыхуидэмэ, ди гуапэу я унагъуэм дохьэ, зыгуэркIэ гукъыдэмыжмэ, гулъытэр (псалъэмрэ тыгъэмрэ) яIэрыдогъэхьэж. Хэт и унагъуэ симыхьами, си гум пIейтеигъэ гуэр илът, гумэщIыгъуэ гуэрым сызэридзэрт. Сэ къызгурыIуэрт дызыхуэкIуэхэр къызэрытпэплъэр, къыддэуэршэрылIэну зэрыхуейр, я гум илъ гуэрхэмкIэ къыддэгуашэмэ зэрафIэфIынур. Си гур цIыкIу ищIырт апхуэдэ нэхъыжьхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ, дызыбгъэдэсхэри гуащIэмащIэ зэрыхъум, я гур къызэфIэнэмэ, ужьыхыжу блэкIа илъэсхэр я нэгу къызэрыщIагъэхьэжым. Сэ хуабжьу си гуапэщ мы жэрдэм щIагъуэм и гъэзэщIэныр си пщэ къызэрыдэхуар – си ужькIэ IэнатIэм къыпэрыувэнум апхуэдэ Iэмал имыIэжынкIи мэхъу», – жиIащ къулыкъущIэм.

Тыгъэ лъапIэхэр тхьэмадэм езыта КIурашын Анзор Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я цIэкIэ фIэхъус ирихащ, ТекIуэныгъэм и махуэмкIи ехъуэхъуащ. «ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ зэбграгъэкI мыпхуэдэ хъыбархэм языныкъуэхэм къафIигъэщIынкIи хъунущ Хэку зауэшхуэм хэтахэм а зы махуэм фIэкIа гулъытэ яхуэдмыщIу. Хьэуэ, апхуэдэу щыткъым. Iэмал зэриIэкIэ, дэ щIэх-щIэхыурэ ди нэхъыжьыфIхэм далъогъуазэ, зыхуэныкъуэ щыIэмэ, щIэгъэкъуэн дазэрыхуэхъуным иужь дитщ. Хэку зауэшхуэм хэтауэ ди щIыналъэм, сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, псэууэ исыжыр цIыху 14 къудейщ. Ахэр зэщIыдогъэхьэ, ветеран къэс КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, къэрал къулыкъущIэхэр епхауэ щытщи, ялъоIэс. Ди лъэпкъхэм къадокIуэкI хабзэ дахэ – жьыр гулъытэншэ мыщIыныр. Къулыкъу иIэ щхьэкIэ, цIыхур зыщыщ лъэпкъым хэкIуэдыкIыркъым, зэрыхъукIэ цIыхугъэ, адыгагъэ якIэлъызыдохьэ», – жиIащ КIурашын Анзор.

«ЗауэлIым деж хьэщIапIэ» урысейпсо Iуэхугъуэр УФ-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэмрэ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Унэмрэ я жэрдэмкIэ йокIуэкI. Сыт щыгъуи хуэдэу, абы жыджэру хэтщ щIыналъэхэм щыIэ лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэр.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

Читать также: