КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зы­хуэсщIхэ!
Ди ветеран лъапIэхэ!
ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ гурэ псэкIэ сыны­вохъуэхъу! 
Нэхъ лъагэ щымыIэу дгъэлъапIэ мы махуэшхуэр лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, зауэлIым и пщIэмрэ и лIыгъэмрэ, фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэту ди Хэкум и хуитыныгъэр зыхъума ди адэхэм, адэ­шхуэхэм, абыхэм я адэжхэм зэрахьа лIыгъэм я ­дамыгъэщ. 
Илъэс пщIы бжыгъэхэр блэкI пэтми, мы махуэр псэм и къарум, бий гущIэгъуншэр зэтезыкъута, Хэкур къезыгъэла, ЕтIуанэ дунейпсо зауэр за­хуагъэр текIуэу езыгъэуха, къикIуэт зымыщIэ ди цIыхубэм яхэлъ зыхъумэжыныгъэ къарум, я псэм и быдагъым я нэщэнэ дахэу къонэ. 
Дэ зэи тщыгъупщэнукъым ди республикэми зэ­рыкъэралуи а ТекIуэныгъэм щIата уасэр. Дып­сэухукIэ дгъэлъэпIэнущ Хэкум папщIэ зи псэр зытахэм я цIэ­хэр, бэлыхь псоми пхыкIыу, къимы­кIуэту бийм текIуа лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэм дригушхуэнущ.
Мы махуэм дэ гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI фIыщIэ псалъэхэр яхудогъазэ Хэку зауэшхуэм хэтахэм, я къарури гуащIэри фронтым щыIэхэмрэ Те­кIуэныгъэмрэ трагъэкIуадэу, псэемыблэжу тылым щылэжьахэм. Абыхэм Хэкум папщIэ зэрахьа лIыгъэр ди дежкIэ ­щапхъэу, хэкупсэ гурыщIэмрэ абы цIыхум хуиIэпхъэ лъагъуныгъэмрэ я дамыгъэу щытынущ. 
Шэч хэмылъу, дэ фIыщIэшхуэ яхудощI, нобэ гуэрым къызэщIэрыуэжа нацизмэм гъуэгу ирамытын пап­щIэ, псэемыблэжу дзэ Iуэху хэхам хэту Хэкум и гъунапкъэр зыхъумэхэм. Апхуэдэхэм яб­гъурытщ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэ ­хахуэхэри. Дэ дрогушхуэ абыхэм икIи икIэщIыпIэ­кIэ ТекIуэныгъэр я Iэпэгъууу я жьэгу пащхьэ ­къекIуэлIэжыну дохъуэхъу. 
Ди хэкуэгъу лъапIэхэ! 
ТекIуэныгъэм лъабжьэ быдэ хуэхъуар лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралышхуэм и цIыхубэр зэрызэ­къуэтырщ. А зэкъуэтыныгъэрщ нобэми ди Хэкушхуэр къэзы­хъумэр, Урысейм къэкIуэну дахэ зэриIэр уи фIэщ ищIу фIым ущызыгъэгугъыр. 
Сынывохъуэхъу, си хэкуэгъу лъапIэхэ! ИугъащIэ ТекIуэныгъэм и махуэм!
Узыншагъэ быдэр, фIыгъуэр, ехъулIэныгъэр фи Iэпэгъуу фыпсэуну сигукIи си псэкIи сыныво­хъуэхъу!

Поделиться:

Читать также: