ЗЭШЫПХЪУИБЛ

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 25-м, мэлыжьыхьым и 8-м итщ).

  А щIалищыр къицIыхужмэ, я «амирри» къыкъуэкIынщ,
РэIис къелмэ, акъылыншэм гъащIэ иIэу къыщIэкIынщ.

Армырами цIэрыIуэнкIэ щIыхуэ зытемылъ хъыджэбзым
Хъыбар зэпыщIапIэу щыIэм ущыхуэзэт и унэцIэм.

«IэлъэщI зытелъ пщащэ цIыкIур бэевичхэм ятекIуащ».
Пэжи пцIыи, ауэ цIыхухэр лъэныкъуищ зэрищIыкIащ.

Я нэхъыбэм ягу Iей илъкъым, уэрэ сэрэ дэщхьыркъабзэщ,
Андез щтэным иумыхулIэ, я гур зэнзэныпсу къабзэщ:

«ЦIыхухэм ещхьу зихуэпамэ, цIыхум ещхьхэр къылъыхъунт,
«Чупэ-чупсу» ущыдэткIэ, «киндер» гуэри къыкъуэкIынщ».

Щысхь ямыIэу жьэрыIэзэщ адыгэбзэкIэ цIыхуфIхэр,
Зыгуэр кърамыцIэлэхмэ, я щхьэр лъагэу яIыгъыфкъым.

Адыгагъэм и уэчылщи, лъэпкъым и пщIэм псэр щIатынщ,
Пщащэ цIыкIу ухуэпсэлъэнри адэ щIэин къыщIэкIынщ.

Зи жьэ зэтезымыпIэжыр яхьри здахьри зыщIэ «шыпхъухэрт»:
«Ар зи лъакъуэ къэIэтыкIэ, хуейми, зыщIремыхъумэ».

ЛъэныкъуитIым я зэхуакум удэтыфмэ, зыкъэумыс:
Дин зезыхьэм уфIэпсынщIэщ, «мыджаурхэм» дзы пхуаус.

Зэмыщхь пфIэщIми, текIуэрщ я хьэр. Нэхъ лъэщ къазэрыхэлъадэу,
Уи щыщIагъэу къыпфIэщIынущ ахэр зэрикIар уи натIэм.

Къагъуэтащ Кубра и «лъыхъухэр», хъыбарыщIэхэр щыхьэтщ:
«Дин зезыхьэ гуп мыхъумыщIэ КъалэкIыхь къыщыщIагъэщ».

Къэрэгъул гупсысэм хохуэ. УнагъуитIыр мэгузавэ.
РэIис и ныбжьэгъу пэлъытэт къалэкIыхь полицэ щIалэр.

Ар хамыгъэIэбэжыххэу, пцIы зэрызэIуащэр хьэкъщ.
«Къаубыд пэт къебгъэрыкIуати, яукIащ», - жаIэнри хэлъщ.

«Тхьэусыхэр» къыIахыжмэ, Iуэхур зэхуащIыну пIэрэ?
«ЗезгъэцIыхужынущ» жыпIэу, хэт и анэ бгъэгуIэнур?

Дзэм хэта Уэлид мэбампIэ. Мыр сыт хабзэ? Сыт къэрал?
Къуаншэм пцIы зэрытралъхьэм езыр захуэу къыщегъэхъу.

Мэрем махуэм ирихьэлIэу Къэрэгъул здэкIуа мэжджытым
ЛIы мыцIыху къыщыбгъэдохьэ, езым нэхърэ нэхъыжьыфэу.

ЯгъэтIыса гупым я зым и Iыхьлыщ, адэшхуэ ныбжьщ:
«Дапщэ жыфIэми, фэттынущ, кхъыIэ, тхылъыр къыщIэфхыж».

РэIис къриджащ пщыхьэщхьэм. Армырами ягу зэрощIэ.
Iуэхур зыIэщIэлъ адыгэм хэзэгъэфмэ… ахъшэ, бохъшэ.

КIэщIу жыпIэмэ, мо гупым «бэевичыр» кIэрахыж,
МащIэу къуейщIеям тралъхьэ мылъку тезыркIэ хуит мэхъуж.

Ауэ, къаутIыпщыжами, кIэлъыплъакIуэхэр я куэдщи,
«Гува-щIэхами дашынущ, - жаIэ, - нэхъыфIщ, загъэкIуэдмэ».

Зы зэман, Кавказым икIыу Щамым кIуахэм я сурэт
Интернетым къралъхьати, а тхьэмыщкIэхэр яхэтт.

УтхьэмыщкIэкъэ гу къабзэм къуит тыншыгъуэм ухуэнэфмэ,
Пэжым Iущ ущIэмыхъукIмэ, хамэ щIыпIэ ущыунэхъумэ?!
 
Зыми имыхьэлъэ ихькъым. «Муслъымэнхэр дызэкъуэшщ!»
Ялыхь, дыбэлэрыгъыхукIэ дахэкIэ дызэшэлIэж.
 
ЕЩАНЭ IЫХЬЭ
Iэдииху и дыщым къашэж

Нэху идзам кIэлъыIэбэжу, бжьыхьэ дыгъэр фэзэхъуэкIщ,
Зэхэгъэж зэрищIыр щэхукъым, фIэрафIагъэр къомэщIэкI.

Сакъщ, и бзийхэр зэрыщIыIэу, пшагъуэ Iувым хэплъэ жыгхэм
Я гулъытэм IэщIигъэкIкъым нэхъ къыфIэIуэху зэрыщыIэр.

ЩIыхуэ пIихкъым къыппэлъэщым - фIыуэ къыпхуищIар ещIэж,
Лъагэу зыщиIэткIэ, псапэу уи уафэгур еунэщI.

Iэдииху и унэ блынхэр кхъуэщын нэщIым ещхьу мачэ,
«Пхъужь» цIэ жагъуэр фащэ папщIэу кърепэс ухыгъэ бзаджэм.

ГъащIэ, гъащIэ, щхьэ уи нэпцIым цIуугъэнэ кIэрыпщIа,
НатIэм ущикIыныр плъапIэу къетхьэкIыныр хьэл тхуэпщIа?

Уи IэбэкIэм сыкIэлъоплъри, гу къихьэгъуэ къытлъыбгъэскъым,
Зыми щIэмыхъуэпсыжыфырщ хуитыныгъэм лъэбгъэIэсыр.

Сызыхуэхьэзыр зэпытыр уи фэтех гущIэгъуращ,
НэгъуэщI мыхъуми, мы чей нэщIыр здэзыбгъэхьыр сыгъэлъагъу.
 
IэфIыр дыджырщ лъапIэ зыщIыр, щIегъуэжынкъым зызышыIэр.
Мис, ди Iэдииху и псэгъуми къыдигъуар къыдгурымыIуэ.

Нихьмэт ипхъу кърагъэкIыжу зэхэзыхыр мэгужьей,
Къуажэм щамыцIыху хъыджэбзкъым, емыхъуапси гъуэтыгъуейт.
 
Илъэсищ хъуа я къуэ цIыкIур Къэрэгъул и куэщI ихъукIмэ,
Лей хуэзэнкъым, ауэ гуауэщ анэм адэр дыщIымыгъумэ.

Малъхъэр унэм къекIуэлIэжкъым - щхьэусыгъуэм сыти фIэщ,
Уи хьэлэл зэхэмылъыжмэ, фIэгъэнапIэхэр гъунэжщ.

Iэдииху цIыху зэкIуэцIылъкъым, ауэ езыр тэмакъкIыхьми,
«Мыр къызаIуэкI, мыр къызащIэ» жиIэу, акъылэгъу уищIыфкъым.

Тхыгъэ гъэщIэгъуэн къыхуокIуэ: «Нэчыхь зэракъутэж лъэIу» -
Гуащэм и Iыхьлы хеящIэм Iуэхур дэгъуэу зэхуегъэхъу.

«Епхъуэ» къызэрыжраIэу, текIуэм дэщIыр лIы хъужамэ…
«ЩIэкI» къыжрамыIэ хуэдэу, унэр зэв къращIэкIамэ…

Зи къуаншагъэ умылъагъур фыз IумпIэншэм Iурыбдзэн?
И дыщ къашэжащ хъыджэбзыр, щхьэщыкIынщ, жьы гуэр къепщэнщ…

Дыжьын куэбжэр улъиямэ, дыщэ куэбжи пхуэгъэжынущ,
Нухь цIыкIу епщIыхьын щигъэтмэ адэ-анэр зы хъужыным…

Зи унащхьэ лъэныкъуабэм IуэхутхьэбзащIэхэр и куэдщ,
Закъуэныгъэр къуимыудэкIыу жеижыныр фIэпсэкIуэдщ.

Уи губампIэм ебэдзауэу, игу хигъахъуэу имыIуэхухэм,
Фирдэусыр зрегъапщэ, пхуигъэфащэр зэIищIэхукIэ.

УепсэлъылIэмэ бэшэчу, и гур здэжэр гъэщIэгъуэнщ:
«ТелефонкIэ зэхуэтхэным текIуэдар узижагъуэнщ».

«Си гъунэгъум, жи, - маршруткэм уэрэд къыщеуащ дыгъуасэ, -
И айфоныр и ефэгъущ, и уэршэрэгъущ икIи и щIасэщ».

Махуэр макIуэ, гъащIэр макIуэ, фIыри Iейри гум ихунщ,
Лъэпкъым «гуащэ уз» къефыкIыу, щауэм пыIэ щхьэрыхун?

«СигъэлIэху сефэнущ жеIэ», - къыхидзэнщ фадафэ зиIэм,
«Ефэу и зы сом тлъэгъуарэт», - зилI мылажьэми зешыIэ.

ЖьантIэр зейм фIэмылIыкIыжхэм ныкъуэкъуэныр я нэрыгъщ -
Урысейм и лъэпкъгъэкIуэдыр нагъэсыныр я пщэрылъщ.

Уи щхьэгъусэр къыпфIэIуэхумэ, адэ-анэр мэхъу тIуащIэ.
Арми, и шэчалъэ пхэнжым хригъэлъэфар цIыху дапщэ?!

Уи щхьэIуэху фIэкIа зумыхуэу дунейм утетыну гугъу?
ТекIуэныгъэм я нэхъ инри - зэхьэзэхуэм ухэтыхущ.

Ди ехъулIи ди хилъафи зи унафэр ГъэунэхуакIуэрщ -
Езыращ Iэмалхэм хэдэр, дзыхь хуэпщIыфмэ Тхьэуэ Закъуэм.
 
«Сэ сэмыщхьым сыт и махуэ?» - жыпIэми, удопсэлъей.
Хьэлъэм уришэхыу сощIри - нэпхьэсыныр плъапIэ Iей?

Нихьмэт зыми пэрымыуэу жаIэ псори ядиIыгъми,
И пхъум зэрытепсэлъыхьырт жэщи махуи и гурыгъур.

«МынэхъыфIу зыри къэхъукъым. Жьэми дажьэдэхужынщ...
Уз химыхыу щхьэщыкIащи, ди Тхьэ, сыпхуэарэзыщ».
 
Псалъэмакъым къыхашыну, Iэдииху Нуржан и гъусэу
ТхьэмахуитIкIэ зыплъыхьакIуэ ирагъажьэ Инджылызым.

Мыгъэзэш и хъыджэбзитIыр сытым хуэдэу зэраншу,
Нэгурэш и пщащэр щэхуми, щIалэхэр емынэ шущ.

Iэдииху и бланэ жэрыр мис а гупым къахэнауэ,
Iэгъуэблагъэм щызэрахьэ гукъинэжу къипсэлъахэр.

Iэкуандэ зэпIэзэрыти унагъуэ хъарзынэ исщ,
Къэралыгъуэм и лэжьакIуэщ, къулыкъу зыхь экономистщ.

НэхъыщIищым я дэкIуэгъуэщ. Данэху хуабжьу зегъэщIагъуэ,
КъыщIэупщIэм дагъуэ хуищIу. Куу, зэрыфщIэу, егъэджакIуэщ.

ХьэлкIэ зэщхькъым зэшыпхъуиблыр, щхьэж щIэщыгъуэ гуэр бгъэдэлъщ.
Я дэтхэнэм удэплъейми, уехъулIэнщ, ущIемыгъуэж.

Данэхурэ Уэзиррэ

  «Уэзир къешэ!» - хъыбарыщIэр унэм дауэ къыщIахьами,
Данэху и фэр зэрыпыкIыр игъэпщкIуну хунэсакъым.

«Хэт?» - имыщIэ хуэдэу зещIри, гуфIэ нэпцIу зыкъеIэт.
«Лэжьэрей Фэрихьэ и пхъур», - жэуап кIэщI кърет Нихьмэт.

Зэхихат Данэху зыгуэрхэр Iум Уэзир теуэршэрыхьу,
ЩIалэм езым зигъэхъейкъым, илъэс щэщIым зэрыщIигъуу.

Зэрыхэдэр ибзыщIыфрэ, е тегушхуэгъуей къудей?
Пщащэ Iэджи щызэхуозэ Захуэ Къэрэгъул и деж.

ИпэжыпIэкIэ, «къэшэным» зэкIэ зыри жраIакъым,
Адэ-анэм, хъуапсэ щIыкIэу, Уэзир «псэлъыхъу» къыфIащами.

Кубра жэщыр хэкIуэтауэ Iэуэлъауэм къегъэуш.
ЗыкъеIэтри мэдаIуэ - шыпхъур шхыIэн теIубам щогыз.

«Сыт къоузыр? Сыт ущIэгъыр?» - упщIэ къомыр трекIутэ.
«Си тэмакъыр», - къыжреIэ, нэпс къыщIэжхэр хуэмыубыду.

Кубра цIыхум жимыIэфым теIэбэнкIэ тIасхъэщIэхщ:
Уэзир къишэн Iуэху зэрихуэу къызэрыIурэ, щэхущ Данэху.

РэIис ечэнджэщу щытмэ, къыдэIэпыкъункIи хъунущ.
Мыр хузогъэфащэ жиIэу и шыпхъу и гугъу хуищIыфыну?

Iум Уэзир, Нихьмэт и гъусэу махуэ гуэрым къыщIэнат.
Нэщхъейщ Уэлид и щхьэгъусэр: «Тхьэ, умыщIэ къысщыщIар.

ЩIалэм Iуэхур щыбгъэдэслъхьэм, си гугъат къыздиIыгъыну,
«РэIис кърырешэ, - жеIэ, - сэ Димэшкъ сыIэпхъуэжынущ»».

«Ар хъун Iуэхукъым, - Нихьмэт пещэ. - Уэзир сытхэр къыщыущI?»
«Зи цIэ къитIуэр игу ирихькъым, нэгъуэщI зыгуэр и гум илъщ».

ЗэшыпхъуитIыр Iэнэзехьэу къащхьэщытт ар щызэхахым.
ЖаIэм гу лъимытэ зищIми, Данэху зэрыгуфIэр наIуэт.

Дауэ Iуэху мыр? НыбжьыщIитIыр щыму фIыуэ зэролъагъу.
ЗэрызэIыхьлым зы хъуну гъуэгу ямыIэу къащегъэхъу.

Ди Тхьэу ЛъапIэ! Шэч хэлъыжкъым. Арат Данэху щIыдэмыкIуэр!
Иджы Уэзир къыщIимышэр, «Щамым сыкIуэжынущ» жиIэу!

«Абы нобэ гу щылъыптэр? - РэIис къоупщI Кубра цIыкIу. -
ДыкъыщыкIуэжа илъэсым щегъэжьауэ… зэроцIыху.

Иджы хагъэзыхьыпати, щхьэусыгъуэ къигъуэтауэ,
«Димэшкъ сыкIуэжынущ», - жеIэ, зэи Данэху емыпсэлъауэ».

«Сыт епсалъэкIэ? Уи дэлъхум хэт ухуэзыщIынур псэгъу?»
«Хабзэращ ар зымыдэнур, шэрихьэтыр нэхъ вэгъзэгъщ».

«Адэ-анэр щыгъуэзамэ, Iэмал гуэр щыIэнкIи хъунут».
«Арат схужымыIэр, иIэ, ди анитIым яжедгъэIэ».

А уэ пщIитIыр зэгуроIуэ: яущэхунущ ялъэкIыху.
ЗэдащIэн къахуэгъуэт закъуэ, Iуащхьэмахуэ мыл дахынщ.

Данэху Уэлид нысэ хуэхъумэ, РэIис Кубра IэщIэкIыну?
Армыраи къыщIажыхьыр а тIум, вакъэхэр ящыпкIыу.

Данэху дэрбзэр телъыджэщ, гур къыдэфэу фащэ ед:
Истамбыл, Баку, Мейкъуапэ, Мэзкуу щацIыху модельерщ.
 
Кубра Нихьмэт жриIахэр Къэрэгъул и деж нэсыхукIэ
РэIис кърахьэжьа Iуэхум нэгъуэщI Iэмал къыхуелъыхъуэ.

Данэху и анэ Нихьмэт, Уэлид и адэшыпхъум ипхъущ.
«ЗэIыхьлыхэр зэрошэж!» - зэрыжаIэнур урикъунщ.

Ауэ динкIэ зэфIахыфу мыпхуэдэ Iуэху куэд уIуощIэ,
Уеблэмэ, зэкъуэш-зэшыпхъухэм я бын дыдэхэр зэрошэ.

И гупсысэхэм яхэдэу ди РэIису пщIэр йокIукI,
Анэм епсэлъэн мурадкIэ псалъэхэр къыхещыпыкI.

И Iэ и лъэ игъэдалъэу, тIэкIуи и щхьэ хуэпсэлъэжу,
Уэлид гу къылъетэ и къуэм, щэхуу унэм щыщIыхьэжым.

«Сыт уигу къеуэр?» «Зыри» «ЖыIэ» «Уэзир… Данэху … мис аращ».
«Дэнэ щыпщIэр?» «СощIэ…» «Пэж ар?» «Пэжщ, илъэс зыбжанэ хъуащ».

 «Сыт-тIэ зыри щIыжимыIэр?» «ДызэрызэIыхьлым щхьэкIэ…»
«Дэ дызэIыхьлыкъым». «Дауэ?» «КIыхьщ ар, кIуэи къеджэт уи анэм…»

«ФIыуэ зыкъебгъэлъагъунум - фIыуэ лъагъу» - латин псалъэжь.
Хэплъхьэм хуэдизщ къыхэпхыжыр - уигу пымыкIыр къыпхуонэж.

НэкIэ фIэкIа зэрымыщIэу Алыхьышхуэм щыгугъахэм
Iэмал псори щаIэщIэкIым, зэпычащ лъэхъу зыIыгъахэр.

Гум пэрыуэм ЛIыкIуэ лъапIэр къыхуэхъуну шэфэхьэт?
Хабзэм, диным, мылъкум, цIыхухэм къагъэпцIахэр си щыхьэтщ!

Апхуэдэ тэмакъкIыхьагъыр псапэ зэрымыхъур наIуэщ,
Iиблис дыдэми къыддигъуэр езыр зэрыдгъэудафэрщ.

ФIылъагъу-дыгъэр акъыл-мазэр фагъуэ щIынкIэ батэгъэшщ.
КъыщыпхущIагъалъэ къэхъуми, щIэптым хуэзэр къыпхуашэч.

Сытыт-тIэ Уэлид ибзыщIыр РэIис псори зэIищIэхукIэ?
Ар езым жедгъэIэжынкъэ, фымышынэ тщыгъупщэнкIэ.

Армырами «къэкIуэжахэм» ираудэкIын ягъуэт.
ТIэкIу гу быдэщ хэкурысхэр, ауэ щыхъукIэ - «адыгэгущ».

Ар гунэсу зэхэдгъэкIмэ, нэхъ щIэщыгъуэу тхуэIуэтэнущ.
ЗэкIэ щэхуу дывгъэгуфIэ - зэгуэкIуахэр зэрышэнущ!

Уэлид и щэхур

Уэлид и адэр Нихьмэт и анэм и дэлъху дыдэт, Димэшкъ дэст.
Абы къикIыр - ныбжьыщIитIым я зэхуаку благъагъэ дэлъщ.

Ауэ къызэкъуих хъыбарыр тхыдэ гъэщIэгъуэным хуокIуэ:
ЩIалэр зи къуэу ялъыта Нихьмэт и анэдэлъхур

ИпэжыпIэкIэ Уэлидым и адэ дыдэм и ныбжьэгъут,
Езыр уIэгъэшхуэ щыхъум къыхуищIауэ анэмэт.

Сабий цIынэр хамэ щIыпIэм къэзыгъанэ лIыр гузавэт -
Адэр зэи зымылъагъунум хуищIэфынур а зы закъуэрт.

Мори, зэрыщхьэгъусэншэу, щIалэ цIыкIум кIэлъыкIуэху,
Къосэ хуэмурэ унагъуэр, адэм и фэеплъ яхуохъу.

Ауэрэ зэманыр макIуэ, гъащIэр куэдкIэ ещхькъэ псысэм -
Сабийм адэу къыфIэщI щIалэр мэхъу фызабэм и щхьэгъусэ.

Алжир жыжьэрт ар къыщыхъур, нысэри а хэкум щыщт.
Пэжыр шыпхъу нэхъыщIэ зиIэ Уэлид къыщищIар иджыщ.

Щамым зауэ къыщыхъейуэ къуажэхэр щызэтекIуадэм,
Къэхъуа псори къиIуэтэжри дунейм ехыжат и «адэр».

Алжир къраша нысащIэр нэхъ пасэжу зэгъэжат,
Уэлид зыкъызэкъуипхъуэту Щамыр щIибгынар арат.

Дзэм здыхэтым, хьэл хуэхъуауэ есэжат ар щIыпIэхъуэжым,
Ауэ и гум зыщиIэтыр Къэбэрдейм къызэрыкIуэжрэт.

Езым дежкIэ хъыбарыщIэр занщIэу хэти дзыхь хуищIынт?
Абы зыри имыхъуэжу егупсысу къыщIэкIынт.

ЗыпIа адэр нэхъ лъапIэжу и гум илът Уэлид алъандэм.
ФIым хуэфащэ уасэр ищIэу дунейм тетыр ехъулIакъэ?
 
Иджы уэ езыр-езыру дызыхэплъэм егупсыс:
Къуэш зыфIэпщыр благъэ пщIыныр хабзэми егъэдурыс.

Ауэ лъэныкъуитIым дежкIи а насыпыр мэхъу тIуащIэ -
Мазэм и кIэм къыдахынущ ныбжьыщIитIым я нысашэр.

Iэмал зимыIэххэу фIэщIыр къыхуащIауэ тыгъэ щэху
ЦIыкIуи ини дэщIэращIэу, Данэху насыпыфIэ мэхъу.

 Усэм ещхь псори усэкъым

Усэм и сатыр ухуэкIэм мардэ къыхуэгъуэтыгъуейщ:
Жыпхъэр жыпIэм IэщIэкIамэ, къеджэри уогъэхьэулей.

Псалъэр гум тэрмэш хуэщIыныр цIыху узыщI IэщIагъэ дахэщ.
Сотхэ - абы къикIыр сыпсэущ. (Декарт тIэкIу зызогъэзахуэ).

Iейкъым уакъыгурыIуэныр, гу лъызмытэ зысщIми, пцIыщ.
ПщафIэм ещхь усэрыпсалъэм и пщIэр - зэхилъхьар яшхыхущ.

Щапхъэм и хьэтыркIэ, уиIэщ шыгъу, кIэртIоф, джэдгын, тхъуцIынэ -
Тхьэвыр дэлъхьэм пхуегъэзэгъмэ, хъунукъэ дэлэн хъарзынэ?

Мис апхуэдэ дыдэу «гъащIэ» зыфIэтща къэхъукъащIэ къом
Нэгум къыщыздыдохьэкIри, зэдгъэзэхуэжыху дытоу.

Еплъ псы къызэрыкIуэм ищIэм: бжьыгъэр йокIри къабзэм хохъуэ.
Хъунум и гъунапкъэр пIыгъмэ, хъииншагъэм IэфI къыщIохьэ.

Жэщи махуи къыттелъалъэ псалъэхэми хэщыпыхь,
«СылIэм ятхыжынщ» жумыIэу, уи фэ илъхьэ, ущымысхь.
 
Акъылышхуэ, къулыкъу лъагэ, фIэщхъуныгъэ, адыгагъэ…
Уэ нып зыкIэрыпщIэракъым укъызэрацIыху Iэмалыр.

Итхым гъуджэм ещхьу къищым зицIыхужу аркъудейщ.
(«Сызыхуейм аркъэ сыдофэ»-м ещхьу хъуар узыхуэмейщ).

Ауэ… жэщ зэхэмыкIыжым щIымахуэкур и лъэпагъмэ,
Пщэдейм уи псэр нэпхьэсыну нэгъуэщI Iэмал умылъагъумэ…

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: