ЗЭШЫПХЪУИБЛ

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 25-м, мэлыжьыхьым и 8 - 10-хэм итщ.).

Уи гурыфIыр къелъэфажьэ, фэрыщIыгъэр зыпщIэхэх,
Гугъэ лъэрымыхьым пежьи, уи гур псалъэкIэ къэщтэф.

Нэмэз щыгъэ пIыгъым ещхьу, плъапIи гукъэкIыжи гъажэ
Зы кIэзети, зы журнали къытебдзэну умыпIащIэ.

Зи цIэр ину зыгъэIуахэр нэм къыщIэуэу аркъудейщ,
Пэжым узыбгъэдигъэтмэ, сыт иджыри узыхуейр?

Чэнжу ес адыгэ тхыбзэм куууэ къыхущIэгъэлъэжкъым.
ЩIыхуэм хэхъуэ яхутеплъхьэу, ухэтын щытхъу джэрпэджэжым?

МакъитI зэжьэхэбгъэуэхукIэ усэ хъуа къыпфIыремыщI,
Жьгъыжьгъхэр цIыргъэ-цIыргъэ тхуэпщIу, ди тхьэкIумэр умытхъунщI.

«Еплъ сызэрыхьэлэмэтым» жызыIэнур ажэгъафэрщ,
А хьэлыншэм игу мэзагъэ сытми гу зылъригъатэм.

Усэ лъэщыр лIыкIуэ бланэщ, шэсым и Жэманшэрыкъщ,
Мащэ Iуфэм ущхьэщытми, укъеджэху упсэуныгущ.

Мынэхъыщхьэм делIэлIэхукIэ ди нэ вагъуэ щIилъэфахэр
Уафэгъуагъуэм иудыныщIэ гъатхэ уафэу зэщIогъуагэ.

ЖысIэр гурыIуэгъуэ? Усэр дохутыр Iэпэ щабэм ещхьщ,
Уи уIэгъэр мыуцIыну, вэгъур къыхутогъэщэщ.

Сатыр блын дэщIеигъуейкъым, сэтэнейуэ укъыхэщу.
Бзэм зещIэж, къыпхуэщыпыжмэ къыбжьэдэщэща уи Iуэщхъур.

Мес, мо блэкIри усакIуэщ, къэгубжьыхукIэ жиIэр пэжщ,
Зым нэмысу тIум хуэIэзэ «къызжиIакъым жумыIэжщ».

Ара ди бзэр щIэкIуэдыжыр, езым хуэдэм щIыдэмыхъур?
Дылъэпкъ цIыкIущ, ара, адыгэр? Дэ зэдмыпэсыж нартыжьхэм
 
ЛIыкIуэ ящIым щабзыщIынур жрагъэIэм кIуэцIашыхьт.
Дэрщи - Iэпэр зыхуэтшийм зэреджэр тщIэмэ, ди насыпщ.

Ирипсалъэм и лъагагъырщ бзэ къэс и зэфIэкI зыIэтыр.
Мусэ хэхэс лъэпкът зыщыщыр къыщыIэщIалъхьам Тэурэтыр.

ТхэкIэ ищIа ЛIыкIуэ махуэм КъурIэн лъапIэр къыщехам?
«Сэ седжэфкъым» жиIа щхьэкIэ, ДжэбрэIил игъэзэжа?

Мис аращ дызыхэкIыжыр хэтIэхэсэ дыджэгухукIэ.
Махуэр макIуэ, гъащIэр макIуэ, цIыху дызыщI къыджьэдэмыкIыу.

Iэдиихурэ Нуржанрэ Инджылызым зэрыщыIар

ЩIалэ еджэмэ мы тхыгъэм, имыдэн куэд Iуэхум хэлъщ:
Зэшыпхъуибл здэщыIэ щIыпIэм зэшибл щыземыкIуэр пэж?

ПщIэну щыткъым, дывгъэлъыхъуэ, ауэ зи гугъу тщIы унагъуэм
ХъыджэбзиплI ирагъэшакIэщ, хэгъэзыхь къыхамыгъахуэу.

Зэмалъхъэгъухэр зэш пэлъытэщ, ар зэшыпхъухэми ядэнт,
Ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэкъуэшибл пхуигъэзэгъэн?

ЗэкIэ тхузэфIэкIращи, едгъэжьахэм девгъэхъуапсэ,
ТIури, псым хадза бдзэжьейуэ, инджылызкIэ мэбзэрабзэ.

Дублинщ пщащэхэр щыхьэщIэр, ар ирландхэм я щыхьэрщ,
Хьэбиб зытекIуа Макгрегор къыщыхъуари арагъэнщ.

Шоу Бернард - папцIэрыпсалъэр, Уайльд Оскар фIыуэ пцIыхукъэ?
Ахэм я хэгъэгу цIэрыIуэм зыщаплъыхь ди хъыджэбзыфIхэм.

ГъэкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ зэдзэкIакIуэу щылэжьа
БзитI-щым хуэшэрыуэ Нурэ и хьэм бажэ къиубыдат.

Мы хъыджэбзым и псэлъыхъум зигъэгувэу къыпфIэщIынущ.
«Тхылъ куэдыIуэ йоджэ», - жаIэ. ЖырыраIэ, хуэшэчынущ.

Адэ-анэм я хьэтыркIэ япэ къэсри игу техуэнт,
Нихьмэт ар къыгурымыIуэу и пхъур мафIэм хигъэпкIэн?

Хьэуэ, хьэуэ, хьэуэ дыдэ. Ар егъэлея пагагъэщ.
«Ипхъу яшащ» жрагъэIэну, анэ куэдым лей зэрахьэ.

Зы чэзу зимыIэ щыIэ? Нуржан игури къэушынщ,
Дэ дызэсэжам емыщхьуи дуней щыIэ къыщIэкIынщ.

Псоми я насып ухуэкIэр зэтехуэныр мардэ тщIымэ,
НэгъуэщI бостей, нэгъуэщI тхыпхъэ зэзыгъэкIухэр дауэ хъуну?

Хуитыныгъэм ухуезыджэм пхъашагъ хэлъу гу лъыпта?
Узылъахъэращ имыдэр, а зырщ «хьэрэм» зыфIищар.

Мыхьэнэ зимыIэр лейщи, къыпхуэнари хы абрагъуэщ.
ФIым зыхыумыгъэкIыж закъуэ, лъэпкъи дини ухегъадэ.

«Инджылызхэм загъэпагэ, тIэкIу загъэнэгъуэщI зыгуэр», -
Пщащэхэр зыщIэс хьэщIэщым щIэс бзэмыIухэр мэуэршэр.

МахуитI дэкIмэ къежьэжыну, Лондон кIуэцI къыдыхьэжахэр
Инстаграмым хъыбарыщIэ къралъхьауэ ирохьэлIэ.

Налшык щыщ режиссёр гуэрым киноущIэ трихащ,
Лондон къыщагъэлъэгъуэнущ, уи пщIыхьэпIэ къыхэхуа?

«Псышхуэхэр» - аращ зэреджэр щIалэ жаным и теплъэгъуэм.
Адыгэбзэщ зэрекIуэкIыр, урикъункъэ ар гуфIэгъуэу?

«ФыкIуэ, - къажреIэ адэм, - дэ Налшык дыщеплъыжынщ».
«Регент Стрит» кино еплъыпIэр къэбгъуэтыныр мыбдеж щылъ?

Лондон хуэдэ щыхьэрышхуэм уи бзэр щыIуу зэхэпхыным
Уасэу иIэр мыадыгэм дауэ и фIэщ зэрыпщIынур?

Хырэ сыхьэт ныкъуэм щIедзэ, къекIуэлIахэр залым щIэзщ,
Iэдииху муслъымэн теплъэщ, Нуржан щхьэпцIэщ - псоми ещхьщ.

«Сытым теухуами содэ, ди бзэкIэ трихыфакъэ!»
«Адыгэбзэ сщIэкъым», - жеIэ, интервью гуэр сыкъеджати».

«Къалэдэсхэр хуэбзэныкъуэщ, хуэмурэ зригъэщIэнщ».
«Лондон къыщихьэсыфакIэ…» «Куэдщ, иужькIэ дыпсэлъэнщ».

«ХъыджэбзыфIхэр фыадыгэ?» - гуфIэу къызоплъэкI бзылъхугъэ.
«НтIэ», - ет жэуап нэхъыжьым. «Дэнэ фыкъикIа?» «Хэкужьым».

ЗрегъэзэкIыж, кIыфI хъуащи. ЩIедзэ. Псалъэмэ, емыкIущ.
Адыгэбзэр къызэрыIуу, тIуми нэпсхэр щIалъэщIыкI.

Щыму, зым адрейм щигъэпщкIуу… Сыт епщIэнур а гурыщIэм?
Утетакъэ хамэ щIыпIэм лъэпкъым ущезыпх лъэмыжым?

Кинор еух. ЗэроцIыхухэ. Тыркум щыщ унагъуэ гуэрщ.
Лондон дэс я щIалэм деж щохьэщIэ, тIэкIу зэдоуэршэр.

Асыхьэтым режиссёрыр утыку къохьэ, упщIэ къатхэм
Жэуап нэгъэса ярет, гукъанэ къыхуэзыщIхэр егъэпсалъэ.

«Уи нэр щIепхьэхын пычыгъуэ хэмытамэ, нэхъыфIыжт».
«ГъащIэм хэмыт хэзгъэхьакъым», - пеупщI щIалэм, и гур илъщ.

Тырку адыгэхэм хъыджэбзхэр зэрежьэжыр щызэхахым,
КъэлъэIуахэщ: «Зы шеибжьэ шхапIэм дыщызэдевгъафэ!»

Гёксунщ къыздикIар унагъуэр - тырку джылахъстэней щыхьэр,
Я къуэр унэм яхуэкIуэжкъым - IэнатIэфI къыIэрыхьащ.

Ишэжыныр зи гуращэ адэр щытемыпыIэжым,
Я нэгу зригъэужьыну къыдишахэт а пщыхьэщхьэм.

Нэхъ нэIуасэ щызэхуэхъум, телефонхэр зэIэпах,
Я хьэщIэщым нагъэсыж пэт, «Псышхуэхэм» тепсэлъыхьащ.

«Фигу ирихьа?» - жеIэ гуащэм, зэшыпхъуитIым захуигъазэу.
«ТщIэкъым», - погуфIыкI хъыджэбзхэр. Ауэ и лIым, игу мызагъэу:

«Ар мыхъуамэ, ди лъэпкъэгъухэр Лондон къыщытхуэгъуэтынт?
Тхьэм нэхъ Iэзэ ищI, щIалэщIэщ, бзэм щелэжькIэ, зыгуэр хъунщ».

ЩыIэщ кино зэштегъэухэр, уэршэрэгъу щIэщыгъуэм ещхьу,
Зэриухыу, фIыми Iейми кIэ зэриIэр къуигъэщIэжу.

Е, уи дамэ мылъэтэжхэм дагъэ къыщахуа нэхъей,
Псэ къыпхэзылъхьэж теплъэгъуэм къэхъукъэ ущигъэпIейтей.

«Псышхуэхэр» нэгъуэщI IэмалкIэщ зэхэщIыкIым зэреIусэр,
Щапхъэ наIуэ къигъэувкъым, ауэ а псы Iуфэм Iусхэм

Зы уэздыгъей къагъэуэхукIэ, уэ ущIипIытIа къыпфIощI,
ГъащIэм къару нэпцIу ихьыр я Iэбэгъуэ къэс къыхощ.

Лъэщщ цIыхупсэр, и пэж хъуаскIэр мыункIыфIу иIыгъыхукIэ.
Зи гугъу тщIыр зекIуэжу пIэрэ? ЗекIуэ хъунщ, дыщыпсэуфкIэ…

Нэгузыужькъым утеплъэныр гур щылъэрымыхь дунейм:
Жей, къэуш, шхэ, лажьэ… Уешмэ, ущIэбэмпIэн къэугъуей.

Ар псэущхьэми къохъулIэ, уэ уопсалъэ, улIэжынущ,
Уи гур уи фэм лIыщIэ хуэпщIмэ, уи псэр хэт зыщыгугъынур?

Режиссёрыр нэгъуэщI лъэпкъмэ, хамэ хьэлыр хабзэ пхуохъу:
Зэм дытыркущ, зэм дынэмыцэщ, дыурысу гъащIэр дохь...

Пщэдджыжьыпэу къежьэжынущ кином кIуэжыныгу ищIахэр,
ПщIырэ тIощIым зэрытIысхьэ я кхъухьлъатэм ныхуопIащIэ.

ГъэщIэгъуэну щIидза Iуэхур и кIыхьагъкIэ нэгузыужьщ:
Ариф кхъухьлъатэ тедзапIэм зэшыпхъуитIыр негъэсыж.

БзэмыIубзэм есэжарэ тэмакъыщIэр къигъэкъуалъэу,
Лондон зэрыкъалэ дахэм топсэлъыхь адыгэ щIалэр.

Нурэ и бзэр нэхъ хуэщIащи, Iэдииху «макъыншэм» тетщ,
«Инджылыз-адыгэш» къуапцIэм хуабжьу зегъэджентльмен.

«Хэкум зэи сыщыIакъым», - къажреIэ. Нурэ хахуи:
«НакIуэ, - иретыж жэуапу, - ТIощIрэ езанэ махуэм».

Кубра усэ етх

Ахэр къэсыжыху, унагъуэ гъащIэм дыкъыхыхьэ­жынщ,
Кубра и пщэдейрей дерсым фIэфIу зыхуегъэхьэзыр.

ТегупсысыкIащ арыххэу… Зыгуэр етх, зэпретхъыжри
И псэр хокI жыпIэнщ, зэхилъхьэр занщIэу къримытхыкIыжмэ.
 
ФIылъагъу узкIэ лъэрымыхьым хьэрф къритхъэху и гур инщ
(Бзагуэ узыщI гухэщI чэфыр бгъэпсэлъэфмэ, у-Шекспирщ).

Тхыгъэр фIыми Iейми, пщащэм и гум илъращ нэхъапэр,
Дэри Кубра нэхъыфIыжу къэтцIыхуным дыхуопабгъэ.

Тхылъ зэхуакум къыдинащи, Iэмал дгъуэтмэ, дыкъеджэнщ,
Дзыхь зыхуищIи зыхуимыщIи ящигъэпщкIур хэт ищIэн.

Хьэуэ, догуэ, тIэкIу дыщоуэ… Итхар къещыпыж зэрыбкIэ,
Зэхилъхьам иригъэджэжу ицIыхуIамэ, нэхъыфIыжкъэ.

Иджы жэщым зэхалъхьахэр нэху мыщ щIыкIэ зэIэпах:
«Инстаграм», «фейсбук», «вконтакте»… ЦIыкIуи ини тхакIуэ хъуащ.

Мес, «Адыгэ ЩIэрэщIэжыр» зэIуихащ, сыт и мурадыр?
(ФIым хуэлажьэ гуп хъарзынэр урысыбзэм IэщIокIуадэ).
 
Жей къытоуэ, итхи зэджи IэщIохужри Iурех,
И сатыр Iэгупэ цIыкIухэр Iэнэ щIыIум зэрытелъщ:

                     * * *
ЩымыIэм кIэлъыжэн щыбгъэтыжыху,
НаIуэм и макъыр жэуапыншэу къонэ.
ЗытIым и фIэщ мыхъуж дзэлыфэ къомыр
Абы и ныбжьыр зытемыкI лъэмыжщ.

Хым щыземыкIуэжыф и кхъуафэжьейм
Нэр зыхурикъужыну гур къегъапцIэ.
Хьэхур зейм иритыжу езыгъасэм
КIапэр игъэкIэрахъуэу худоплъей.

Мазэм щIыIуб уэздыгъэу зишыхьащ.
Псори е зыри… (икIэм къыщегъажьэ)
Лъакъуэ къудейкIэ арэзы щIыгъуафIэм
Щхьэри хутезылъхьар зыщыгугъа

ЗекIуэлIри1 и унэ къекIуэлIэжкъым,
Бысымри ихъумэм хузэпэщкъым.

БлэмыIэбыкIыу къыщIегъалъэ, зыхищIэм и цIэр ещIэ,
Щыузым деж зэрыщыхъужыр иджыри щэху уи дежкIэ?

Дунейр щымыIэу пхужыIэн? Хьэмэ Алыхьыр наIуэ?
Гугъэм и хадэм щыполъэлъ гуращэ мыгъуэлахэр.

«Дзэлыфэ зытIыр» хэт? Дэращ! Гур тхузэщIэгъэстыжкъым!
ДызыхуэщIыIэмылщ! Къытхэт зэхуэIэфIыкIэ зыщIэ?

Нэхъ гууз дыдэу итыр пщIэрэ КъурIэн мыкIуэдыжынум:
«Гъуэгу захуэр къалъэгъуа нэужьи, ахэр ирикIуэфынукъым».

Ди псэр пытыху дадэджэгунщ зызылIэжын хуэмейхэм,
ИтIанэ уныздыщIыхьэн щIы фIыцIэм кхъуафэжьейкIэ?

Уа Хъызыр махуэ, дыкъегъэл, ди лъатэр гъуанэпщIанэщ!
Дынэс къытфIэщIурэ, шыгъушыпс едгъэхыу зедгъэсакIэщ.

ИрехэкулI, ирехэхэс - лъы къабзэр къытепыхьэу
Тхыдэм и гупкIэр еунэщI псэ зыIумыт адыгэм.

Уэзиррэ Шекспиррэ я Iуэхур

Iэдиихурэ Нуржанрэ къэсыжащи, я Iыхьлыхэм
Зэхамыхым къыщIэупщIэу, ягъэпсалъэ хъыджэбзыфIхэр.

АпщIондэху гъунэгъу нысащIэр шыпхъу нэхъыщIэм доуэршэр:
«ХьэрыпыбзэкIэ фейсбукым кърилъхьати тхыгъэ гуэр,
 
КъикIыр сщIэкъым, усэм ещхьу зэпыгъэлъэлъащ сатырхэр.
Еш ямыIэу, «сигу ирохьхэр» еджэхэм къытракIутэ».

«УеупщIакъэ?» «Хьэуэ». «Сыт-тIэ?» «Итхам къикIыр схузэдзэкI».
«И псалъащхьэр сыт я гупым?» «Шыпхъу сиIамэ, къызжиIэнт».

«Дэнэ щыIэ?» «Мис». «Сегъэплъыт». Хьэрыпыбзэ фейсбук напэ
Данэху къыщIегъэщри, Кубра йоджэ Уэзир кърилъхьахэм.

Зэджэр зэхимыщIыкI зищIу, тIэкIурэ зрелъэфыхь…
«Жэщи махуи си зэхуэдэщ…» - лъагъуныгъэ усэ кIыхь…

Шыпхъум зыкъримыгъащIэу: «Тхыдэм теухуа хъыбарщ ар.
Кавказ зауэм щыцIэрыIуэ лIыхъужь гуэрхэр ягъэлъапIэ».

Данэху и гур мэпсэхужри, шыпхъу нэхъыщIэм зрешэкI,
Асыхьэтым пщэрылъ гулъэ къыпэщылъ нэхъей зеIэт.

Кубра Уэзир и усыгъэм и гурыщхъуэр щIегъэхуабжьэ,
Малъхъэм гухэлъ щэху зэрихьэу щхьэхуимыту хуегъэфащэ.

Усэхэр къритхыкIынщи, нэхъ гупсэхуу еджэжынщ,
Зыри чэнджэщэгъу ищIынкъым, езым зэхигъэкIыжынщ.

Данэху зэхебгъэх мыхъуну Iуэхущ мыр, ауэ сыту Iэзэ…
Уэзир усэ итхыфыну, къеджэххэну хэт щыгъуазэт?

Кубра зэрыегъэджакIуэм и тхэн Iуэхур егъэтынш,
Адыгэбзэм хуэдэ дыдэу урысыбзэри Iурылъщ.

Хьэрыпыбзэр псалъалъэншэу къыгуроIуэ, инджылызыр
Хуэмурэ ирегъэфIакIуэ. ИмыщIэххэр сыт? Тыркубзэ.

Пщащэм къыIэрыхьа усэм къикIыр зыгуригъэIуэху,
Данэху йокIуэкIыж я дежкIэ, и псэм жиIэжауэ «уэху».

И щхьэгъусэ къэушныкъуэм жриIэнухэм хуэпIащIэу:
«Сыту усэ дахэ птхырэ», - и тхьэкIумэм йоIущащэ.

Къызэщоу, къызэфIотIысхьэ. И дзэ уз къыхэлъэда
ФIэкIа умыщIэну, Уэзир и нэм пшагъуэ трихьащ.

«УогушыIэ». «Куу селъэIури къикIыр зыгурызгъэIуати…»
«Сыт-тIэ къикIыр?» «Кавказ зауэм хэта лIыфIхэр щыбгъэлъапIэу…»

«ДаIэ, сыгъэлъагъут». «Мисри». Кубра Iэрыхьахэм щыщ
КъызэIуихащ асыхьэтым. «Еплъ ар зэрыхъыджэбзыфI!»

«Пэжуи?» «Сэ си телефоныр РэIис есхъуэжащ куэд щIауэ.
 Ар зы. Усэм и цIэр пщIэрэ? «Лъагъуныгъэм сытокIуадэ».

«Си фIэщ хъункъым!» «Куу къыпщысхьри тхыгъэм къикIыр ибзыщIащ.
Мыр зэхэзылъхьа усакIуэр лIэщIыгъуих ипэжкIэ лIащ.

 Ар тIу». Уэзир пыгуфIыкIыу Данэху игу къэкIынум поплъэ.
«Пэжыр щхьэ къызжимыIарэ?» - нысащIэфIыр къызэщIоплъэ.

Асыхьэтым мэупщIыIужри, иджы РэIис йогупсыс:
Лъагъуныгъэ усэ еджэ пщыкъуэм и мурадыр сыт?

ДокI тхьэмахуэ е нэхъыбэ. Данэху дыщым екIуэкIауэ,
Iэнэ зэдытырахыж пэт, игу къокIыж Уэзир жиIахэр.

Куу Данэху зрегъэшхыдэ, тIасхъэщIэхым ещхьу щымщ.
«КъикIыр пщIэрэ, сыкъэбгъапцIэу…» - шыпхъур, зэрихьэлу, сырщ.

ИмыщIэж хуэдэ мэхущхьэ, зеукъуэдий, зигъэщхьэхынэу,
Данэху зэрыкIуэжу, ищхьэм долъэтей щIиджыкIыжыну.

Гум и лъащIэм къипсэлъыкIыу гухэлъ къабзэм теухуа
ЦIыхухъу лъагъуныгъэм и бзэм зэуэ ипхъуэтат Кубра.

Угусэнумэ, къеблагъэ. КъыбжамыIэр уимыIуэхукъэ?
ЗэхуэзэхукIэ зытемыкIыр зэса зэдэлъху-зэшыпхъу ролхэрщ.

Ауэ шэч зыхэмылъыжым елIэлIэн хуэмей нэхъей,
Армырами ящIэ хуэдэт зэригуэгъур зым адрейр.

Зэи и нэгум къыщIыхьакъым РэIис зи къэшэгъуэ щIалэу…
Ныбжьым ещхьу, сытым щыгъуи къыбгъэдэтущ зэрилъагъур…

Усэ гуэрым итхьэкъуащи, гузэрыдзэм къеутIыпщыж.
Щымыуамэ, Шекспир ейщ мыр, гукIэ ищIэхэм ящыщщ.

ХьэрыпыбзэкIэ ирожэ. «Щэрэ пщыкIухщ» и фIэщыгъэр.
РэIис усэ къыфIэIуэхуу и пщIыхьэпIи къыхэмыхуэт.

ГъэщIэгъуэнщ. ЗимышыIэфмэ, пэжыр IэщIэкIынри хэлъщ.
Iуэхур зэхэзылъхьаракъым. Зи гулъытэ лъыхъуэр хэт?

Усэм и инджылызыбзэр къигъуэтакIэщ... Мыр псалъалъэщ.
Урысыбзэ зэдзэкIыгъэр хьэрыпыбзэм ирегъапщэ:

«Хуит сыкъэфщI… Тхьэм схуимыухкIэ нэчыхь Iуэху зэдыхыхьа…
Гурэ псэкIэ зэгуэкIуахэм сыдыхьэну я зэхуаку».

Сыт мыбы РэIис хилъагъуэр, и хъыджэбзыр IэщIамыхмэ?
Хьэуэ! Лъыхъухэр игъэкIуэну зэрыхуейр иреухылIэ.

Щхьэм къилъадэ къомым пщащэм и гур хигъэщIын хьэзырщ,
ЗэрицIыхурэ япэ дыдэ хамэу къыщыхъуащ РэIис.

Хэт цIыхугум иплъэр, гъуджэм нэм илъагъуращ къридзэр,
Уи гур нэфмэ, сыт и лажьэр Шекспир дихьэха полицэм?

КъыгурыIуэр и фIэщ хъукъым, и фIэщ хъуми IэфIыр щIокI,
Гум щигъафIэ гукъэкIыжхэм нэгъуэщIынэкIэ кIэлъоплъ.

МынэхъыфIу зыри къэхъукъым. Щыгъупщэнщ, Тхьэм иухакъым...
А зы закъуэрщ зи унафэр нэгъуэщI фIыуэ илъэгъуамэ.

«Хуит сыкъэфщI сыдэмыхьэну зэгуэкIуахэм я зэхуаку».
ЗанщIэу жыпIэтэкъэ, ГъащIэ: сыжьэдэлъхьи, сумыгъэх.

                        (КъыкIэлъыкIуэнущ).

1ЗекIуэлI-бысым: Одиссей-Телемак, мыбдежым: хэхэс-хэкурыс.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: