ЗЭШЫПХЪУИБЛ

РэIис шей ефакIуэ зэрыкIуар

ЗэдзэкIыгъэр нимыгъэсу, Куу лэжьакIуэ макIуэ нобэ,
ЩIалэм емыгупсысыфу зэныкъуэкъужащ зыкъомрэ.

И гум пшагъуэ зэрытелъыр хузыфIэкIкъым щIихъумэн -
ГуитI зимыIэм дежкIэ гугъущ ар. Дзыхьым нэпцIыр къыпхуидэн?

Яущэху, фIым и хьэтыркIэ, Iэмал зыхуамыгъуэт гуэрхэр,
Ауэ гъэбэлэрыгъыныр къыщезэгъкъым «уэрэ-сэрэ»-м.

Е зэригъэцIыхуагъащIэщ, фIэемыкIущ ищIын и гугъу,
Е… езыр къызэрыщыхъум ещхькъыми, узыншэ ухъу.

Ахэр хузэмыгъэзахуэу махуэ псор ирихьэкIауэ,
КъэувыIэпIэм зэрынэсу, къецIыхуж РэIис и «хуарэр».

«Нобэ пасэу хуит сыхъуати, сымыгугъэу сыкъежьат».
«Къэпсэлъакъым. Мэгузавэ», - щыму итIысхьащ Кубра.

ЩIымахуэпэ дыгъэр щIыIэщ - РэIис ецIыху Куу и хьэлыр:
Макъыр щIыхуэу къищта нэхъей, кIэщIу къыпеупщI и псалъэр.

ФщIэжрэ Лермонтов и усэр: «А тIур фIыуэ зэрылъагъут,
Сыту куэдрэ я гухэлъыр псэм щагъафIэу яхъумат!»

Мыхэри укIытэхыным и бэлыхьым имыукIыу,
ЖьакIуэ зыщIын щхьэусыгъуэ сыту зэ къахукъуэмыкIрэ!

Данэху шыпхъур зэрыдэкIуэр пщыкъуэм хуигъэхъыбаращ…
Мыдрейм щIалэм кърилъхьахэм къэшэн иIэу кърихащ.

Пэжщ, лъыхъу къахуэкIуэнум йожьэ: «тырку-инджылыз» Лондон щыщыр
Налшык къэлъэтат гъэмахуэм, Нурэ зэрыпэплъэр ищIэу.

Нобэ-пщэдей нэчыхь Iуэхухэр къыдахыну я мурадщ,
Нуржанщ дэкIуэр - Куукъым, аращ Данэху «си шыпхъу» жыхуиIар.

РэIис Шекспир и сонетми щIытехуар игу зэрыхэщIырт,
Хьэрыпыбзэм зришыхьмэ, гу лъумытэгъуафIэ фIэщIу.

Кубра цIыкIуми щхьэусыгъуэр ищIэтэкъыми, и РэIис
Фэ ириплъыр хуэмыхъуэжу, и гум нэщхъеягъэр изт.

Ауэрэ маршынэр хьэблэм нэсыжащи, йокI хъыджэбзыр,
Уэзир Iэпхъуэн Iуэху зрехуэ, пщIантIэм дэтщ зегъэджэрэзри.

«Къызэтыж си телефоныр, уи «чырбышыр» узотыж…
Си цIэр щIэту къиплъхьа къомыр зыкъэмынэ тегъэкIыж».

Уэзир Данэху здынэсахэр хуеIуэтэж и къуэш нэхъыщIэм,
Нуржан и нысашэ Iуэхури хэзэрыхьу хъыбарышхуэм.

Модрейм и псэр къыхохьэжри щIэмыхьэжу егъэзэж -
Захуэхэ я деж йокIуэкIри… я бжэблыпкъым зрегъэщI.

Пщащэм, унэм зэрыщIэс щыгъынхэр щитIэгъауэ,
Къохыж ищхьэ къатым псынщIэу. РэIис! «КъыпщыгъупщаIа?»

ЕупщI щхьэкIэ, асыхьэтым гурыгъуазэкIэ къищIат
Псори зэрызэхуэхъужыр. «Шей сефэну сыкъэкIуащ».

Шей ефэнущ! Шей ефэнущ! Мис, шейхэдзэр хьэзырыбзэщ,
ЗэридзэкIыфынщ хъыджэбзым а щIалэфIым и «шеибзэр».

Дэри, Шекспир Iэзэм ещхьу, зэгуэкIуахэм я зэхуаку
Дыдэмыхьэу, девгъэжьэжи, щхьэж и Iуэху и ужь дивгъэт.

КIЭУХ

Гур дахагъэм зэрыхуеIэр езы дыдэм щогъупщэж,
Зэрыпхуэхьыр уи тетыгъуэу, гъащIэр зэрыгугъури пэжщ.

ЛIыгъэ хэлъхьи зэплъэкIыжыт, сыт зытекIуэдар щIалэгъуэр?
Мыхьэнэ зимыIэ куэдым, пщыгъупщэжмэ нэхъыфI гуэрхэм.

Псыежэхым ситхьэлакъым, пщтыри щIыIи сыкъелащ,
Дунейм къыщымыхъу сшэчакъым, пщэдей мащэм срахьэх…

Бгъэм едмыгъэхьа гуэгушхэр шыуанышхуэм щыдогъавэ,
Дэри дзыхь зыхуэдмыщIыфым и «цIыхуэщым» дыщегъафIэ.

Сыт-тIэ сыщIэбгъэлIэжынур? ЯфIэпсэу! Пэлъэщ, къытех,
Уэ уздэжэмкIэ щIэпхъуауэ Iэджи уэрамыщхьэм тетщ.

Уэрыншауэ дауэ хъуну ух зимыIэ санэхуафэр?
Уи нэм зыкъыщIаIужынкъэ узылъэщIэмыхьэфахэм?

СыхэгъэкI е сахэгъэхьэ - си ужь итырщ гъуэгур зейр,
Къемыжьам сридыгъуасэщ, ежьэжам срипщэдейт.

ГъащIэм кIуапIэ закъуэу иIэр фIэгъэнапIэ умыхъунырщ,
Ар езыр-езыру макIуэ, чэзум утехуэнырщ лIыгъэр.

Узытетыр ебгъэфIакIуэу укъыщIэкIмэ, уехъулIащ.
Псэ зыIутым хуэщхьэпэфым пэжым зыкърегъэлъагъу.

А зыращ хъуэпсапIэ нэсыр, щIегъуэжынухэр дыхьэшхми,
Уи нэм зэрызыщигъэпщкIум щымыIэххэу   къыпфIигъэщIми.

Уи нэхъыфIыр зытегъакIуэ, дахэу пхэлъыр зэгъэцIыху,
УепэгэкIыу, и нэбзийхэр   уи   гум  щумыгъэупщIыIу.

Псэм и IэфIым  ущысхьамэ, тхылъымпIэжьщ  зеплъэфа  ахъшэр,
Зэхэпхакъэ  зифI  зыIэщIэкIуэдэжахэм   ирагъэшхыр?

Махуэ  блэкIым  зыпщIыхэдзэ,  пцIым илIыкIи зыкъэщIэж,
Зи  гур  мывэхэм   задэпщIу,  уи   зэмзэмыр   иумытхъуэж.

ГъащIэр  пхъуантэщ,  псэм зэрихьэу,  фIыкIэ блажьэмэ нэхъыфIкъэ?
Дыщхьэхуиту  дыкъыдэкIмэ,  Тхьэм  нэхъыфIкIэ дигъэгуфIэ.

Мы  сатырхэр  зэшыпхъуиблым  я  хъыбарым  и кIэухщ  
Ягу дытехуэу  къеджэфахэм, ялыхь, арэзы  къахухъу!

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: