Хъарбыз куэдыр зэранщ

Хабзэ зэрыхъуауэ, шыщхьэуIур Урысейм хъарбызым и мазэу къыщалъытэ. Абы ди къэралым и дэнэ къали ущрихьэлIэнущ гъэмахуэм. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, зумыгъэнщIу хъарбыз куэд пшхыныр узыншагъэм дежкIэ зэранщ. 

Диетолог, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор Гинзбург Михаил зэрыжиIэмкIэ, хъарбызым фошыгъу куэд хэлъщ, фруктозэр и бэщ. Фэ зэрыфщIэщи, фруктозэр цIыхум и сэбэпкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы Iэпкълъэпкъым зэраныгъэ куэд къыхуехь. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, абы гу-лъынтхуэ узыфэхэм нэхъри зрегъэужь. Фошыгъу уз зыпкърытхэм, лы лей зытелъхэм я дежкIи фIыкъым. 
Ауэ ари пшхым и куэдакъымрэ зэрыпшхымрэ елъытащ. Гинзбург и чэнджэщым тепщIыхьмэ, диабет, жьэжьей уз зиIэхэм, атеросклероз зыпкърытхэм грамм 200 нэхъыбэ яшх хъунукъым зэ тIысыгъуэм. КъищынэмыщIауэ, хъарбызыр ушхэн и пэ, е шхэгъуэм и пIэкIэ пшхы хъунукъым, ар десерту аращ. 
Урысейм и цIыхухэм махуэм и хуабэгъуэм зэ тIысыгъуэм килограмм ныкъуэ, зы килограмм яшх. Мис ар узыншагъэм дежкIэ зэранщ. ПсыкIэпсылэ куэд зэуэ Iэпкълъэпкъым игъуэтмэ, цIыхум и лъыр доуей, ар хъарбызмэ, жьэжьейм къытохьэлъэ. Ауэ зэ тIысыгъуэм грамм 200 пшхыныр сэбэпщ, нэхъыбэр егъэлеящ. Къыхэгъэщыпхъэщ лы лей зыкIэрымылъ цIыху узыншэм, зи ныбжьыр илъэс 40 иримыкъуам килограмм ныкъуэр ишхми, зэран къызэримышэнур. 

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: