КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэ

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек шыщхьэуIум и II-м иригъэкIуэкIащ зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ цIыхухэм вакцинэр яхэлъхьэным хуэгъэза лэжьыгъэр къызэрамыгъэтIасхъэр, мастэр щыхалъхьэ щIыпIэхэм махуэ къэс цIыху миниплI хуэдиз зэрекIуалIэр. Республикэм щыпсэухэм ящыщу мастэр зыхаIун хуейхэм я процент 44-м ар зыхрагъэлъхьакIэщ. Апхуэдэу щытми, щIыналъэм щыхохъуэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэр зэуалIэхэм я бжыгъэм – госпиталхэм цIыху 700-м щIигъум медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт, абыхэм ящыщу 90-р реанимацэм щIэлъщ. Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ госпиталхэм гъуэлъыпIэ нэщIхэр зэраIэр, абы и лъэныкъуэкIэ узытегузэвыхьын зэрыщымыIэр. Абы къыдэкIуэу КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ узыфэ зэрыцIалэм зиубгъуныр мардэ пыухыкIахэр бгъэувкIэ къызэрыпхузэтемыгъэувыIэнур, абы республикэм щыпсэухэр нэхъ жэуаплыныгъэ хэлъу бгъэдыхьэн, дауэдапщэхэр гъэмэщIэн зэрыхуейр.
Школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуагъэхьэзыр щIыкIэм щытепсэлъыхьым, КIуэкIуэ Казбек Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм пщэрылъ ящищIащ къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын хуей еджапIэхэм я проект-сметэ тхылъхэр псынщIэу ягъэхьэзырын зэрыхуейр, ахэр къэрал программэм мы гъэм хагъэхьэну хунэсын хуэдэу. «Курыт еджапIэхэр сыткIи къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэгъэза къэрал программэу Урысейм и Президент Путин Владимир къыхилъхьар ди дежкIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ – ди республикэм ис сабий мин тIощIым щIигъу йокIуалIэ къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын хуей школхэм», - къыхигъэщхьэхукIащ Iэтащхьэм. Езауэ Анзор зэрыжиIамкIэ, мы зэманым ирихьэлIэу ягъэхьэзыракIэщ IуэхущIапIэ 24-м апхуэдэ лэжьыгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIынум теухуа тхылъхэр, муниципалитетхэм а лэжьыгъэм иджыри щыпащэ.
А Iуэхухэм я гугъу щащIым, республикэм и Iэтащхьэр ткIийуэ тепсэлъыхьащ Пролетарскэ жылэм дэт школыр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным теухуа лэжьыгъэхэм арэзы къызэрамыщIым. Къуажэхэм зегъэужьыным хуэгъэпсауэ зэхалъхьа программэм ипкъ иткIэ а лэжьыгъэр езыгъэкIуэкIыр муниципалитетым и администрацэрщ. КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Прохладнэ щIыналъэм щыщыIам а еджапIэм щыIащ икIи зригъэлъэгъуащ Iуэхур зытетыр. Эфир занщIэкIэ Iэтащхьэр цIыхухэм щепсэлъам еджапIэр зэгъэпэщыжыным ехьэлIа Iуэхухэр зэрызэфIэмыхьэмкIэ Iэтащхьэм хъыбар къригъэщIат Прохлдаднэ щIыналъэм щыщ цIыхубзым. Абы жиIахэр зэрыпэжыр наIуэ къэхъуащ: лэжьыгъэхэр кIыхьлIыхьу фIэкIа екIуэкIыркъым, я фIагъми дагъуэ иIэщ. Пролетарскэм дэт еджапIэм къокIуалIэ езы къуажэм дэсхэм нэмыщI я гъунэгъу Красносельскэ жылэм щыщ ныбжьыщIэхэри. Иужьрейм дэт еджапIэр жьы дыдэ хъуати, ар бгъэлэжьэныр дзыхьщIыгъуэджэу къалъытэри зэхуащIауэ щытащ.
КIуэкIуэ Казбек а лэжьыгъэр езыгъэкIуэкI IэнатIэмрэ ахэр зи нэIэ щIэтын хуей муниципалитетымрэ яхуэшхыдащ икIи жиIащ фокIадэм и I-м ныбжьыщIэхэр а еджапIэм мыкIуэжмэ, Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэр и къулыкъум хуэфащэрэ хуэмыфащэм теухуа Iуэхум хэплъэн хуей зэрыхъунур.
Iэтащхьэм КъБР-м и Правительствэм пщэрылъ щищIащ Красносельскэ къуажэм еджапIэщIэ щаухуэным теухуа Iуэху къыхилъхьэну икIи ягу къигъэкIыжащ лъэпкъ проектхэм, къэрал, республикэ программэхэм япкъ иткIэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэм я фIагъым кIэлъыплъыныр дэтхэнэ унафэщIми и къалэну зэрыщытыр.
Езауэ Анзор зэрыжиIамкIэ, гъэ еджэгъуэщIэм школхэм екIуэлIэнущ ныбжьыщIэ мини II6-рэ, абыхэм ящыщу япэ классым сабий мин I2,5-рэ къащтэнущ. ФокIадэм и I-м япэ уэзджынэхэр къыщеуэнущ Солдатскэ станицэм, Шэджэм къалэм, Ново-Ивановскэ къуажэм щаухуа еджапIэщIэхэм. Мы зэманым къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж Шэрэдж Ищхъэрэрэ Дзэлыкъуэкъуажэрэ дэт еджапIэхэр, зэгъэпэщыжын щIадзэ Малкэ дэт курыт школри.
Министрым и гугъу ищIащ класс нэхъыщIэхэм щIэс сабий мин тхущIым щIигъу ерыскъы пщтыркIэ къызэрызэрагъэпэщынур. Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ еджакIуэхэр тхылъкIэ хъарзынэу къызэгъэпэщами, а Iуэхуми хэплъэжын зэрыхуейр, тхылъхэр жьы зэрыхъумрэ еджэгъуэ ныбжьым ит сабийхэм къазэрыхэхъуэмри къэлъытауэ. Республикэм и Iэтащхьэм министерствэм пщэрылъ щищIащ абыкIэ я Iуэху зыIутыр зэпалъыту зыхуэфащэ унафэхэр къащтэн папщIэ езыр абы щыгъуазэ ящIыну.
ХуэмыщIа унагъуэхэм щыщ сабийхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэми и гугъу щащIащ зэIущIэм. Асанов Алим зэрыжиIамкIэ, гъэ еджэгъуэщIэм сабийхэр тэмэму хуагъэхьэзырын папщIэ сабий I32466-м сом мин пщIырыпщI иратынущ, мы зэманым ирихьэлIэу ар еджакIуэ мини I26-м щIигъум яIэрыхьакIэщ.
ХуэмыщIа унагъуэхэм щIэс сабийхэм зэрапэIэбэ щIыкIэр щызэпкърахым КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ ящищIащ нэхъ тэмэму апхуэдэхэм зэщIэгъэкъуа къун папщIэ дэтхэнэми и Iуэху зытетым зыщагъэгъуэзэну.
Къэрал, республикэ проектхэмрэ программэхэмрэ гъэзэщIа зэрыхъур зэпкърихыу къэпсэлъащ Мусуков Алий. Абы зэрыжиIамкIэ, лъэпкъ проектийр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэн хуей мылъкум и процент 53-р къыхуагъэсэбэпащ зыхухахам. И кIэм нагъэсащ проект зыбжанэм щыубзыхуахэри. Апхуэдэуи Мусуковым къигъэлъэгъуащ ягъэува пIалъэхэм зи ухуэныгъэхэр зэфIэмыкIынкIэ хъунухэри зэрыщыIэр икIи а Iуэхум и хэкIыпIэхэми къытеувыIащ.
Республикэм и Iэтащхьэр щхьэхуэу къытеувыIащ жылэхэм я къабзагъэм икIи муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэм а Iуэхум гулъытэ хэха хуащIын зэрыхуейр яжриIащ, псом хуэмыдэу гъуэгу Iуфэхэмрэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэхэм я зэIузэпэщагъымрэ кIэлъыплъыну яхуигъэуващ. «Экологистика» IуэхущIапIэм и Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъым хэгъэхъуэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIри къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. Мусуков Алий жиIащ контейнер 7000 къащэхуным текIуэдэну ахъшэр къэралым къаритыну зэрызыхуагъэзар. Ахэр къащэхумэ, абы и лъэныкъуэкIэ гугъуехь щыIэжынукъым.
Апхуэдэуи «муцниципальнэ сыхьэт» зэIущIэм хэтхэм чэнджэщ иратащ унэхэм газ ешэлIэным теухуа Iуэхум цIыхухэр нэхъыфIу щыгъуазэ ящIыну. Газ щIэшэным тегъэпсыхьа программэм ипкъ иткIэ унагъуэ 5000-м а гъэсыныпхъэр пщIэншэу ирашэлIэнущ. А лэжьыгъэр 2022 гъэ пщIондэ ирагъэкIуэкIынущ, дызэрыт илъэсым и жэпуэгъуэм ирагъэжьэнурэ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: