Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэхугъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэрыщытым. Зэхыхьэм щызэхуэсат республикэм и Жылагъуэ палатэм и къудамэхэу къалэхэмрэ районхэмрэ къыщызэрагъэпэщахэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэм и къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэу щытар «Унагъуэхэр зыгъэбыдэ хабзэ-бзыпхъэхэр хъумэныр - Урысейм и нобэмрэ и къэкIуэнумрэ телажьэщ» жыхуиIэрщ.
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэр щIэх-щIэхыурэ зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм ящыщщ республикэм демографие и лъэныкъуэкIэ щыщыIэ щытыкIэмрэ а лъэныкъуэмкIэ унагъуэм игъэзащIэ мыхьэнэр зыхуэдэмрэ. Бын унагъуэ зэкъуэтыр, зыщыщ лIакъуэцIэр зэригъэбагъуэм и мызакъуэу, къызыхэкIа лъэпкъми зезыгъэужьщ. Ари и зы щхьэусыгъуэщ унагъуэр хъумэнымрэ къыщхьэщыжынымкIэ лэжьыгъэу республикэм къыщрахьэжьэхэм щIыналъэм и унафэщIхэми гулъытэ хэха щIыхуащIым, - къыхигъэщащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий, зэхыхьэр къыщызэIуихым.
ЩIызэхуэса Iуэхум адэкIи тепсэлъыхьын ипэ къихуэу, Жылагъуэ палатэм и район къудамэхэм я цIэкIэ къэкIуахэм гуфIэгъуэ щIыкIэм тету иратащ, мазэ блэкIам ди къэралым щекIуэкIа Президент хэхыныгъэхэм кIэлъыплъакIуэхэр зэрыщыхуагъэхьэзырам папщIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм къахуигъэфэща фIыщIэ тхылъхэр.
Къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм жылагъуэ проектхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Куэцэ Эльберд.
ХьэрычэтыщIэу щымыт зэгухьэныгъэхэм (НКО) къэралым мылъкукIэ зэрызащIигъакъуэм и гугъу щищIым, абы къыхигъэщащ жылагъуэ зэгухьэныгъэу ди республикэм 900-м нэблагъэ мы зэманым зэриIэр. Абыхэм хохьэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм защIэгъэкъуэнымкIэ къызэрагъэпэщахэри, щIэныгъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэри, спортымкIэ IуэхущIапIэхэри.
- ХьэрычэтыщIэу щымыт зэгухьэныгъэхэм ядэIэпыкъунымкIэ КъБР-м и унафэщIхэм зыхуагъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ апхуэдэхэм я лэжьыгъэр лъэпощхьэпоуншэу ирагъэкIуэкIын папщIэ, жылагъуэм щытыкIэ тэмэм къахузэгъэпэщыни мылъкукIэ защIэгъэкъуэни зэрыхуейр, - къыхигъэщащ Куэцэ Эльберд.
Апхуэдэу, 2023 гъэм къриубыдэу, хьэрычэтыщIэу щымыт зэгухьэныгъэхэм «субсидие» жыхуаIэ дэIэпыкъуныгъэу сом мелуан 11-м щIигъу иратащ. 2024 гъэм а бжыгъэр сом мелуан 12-м нагъэсыну я мурадщ ар зи пщэ дэзылъхьэжахэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, апхуэдиз дэIэпыкъуныгъэ зэуэ, зы илъэсым къриубыдэу, хьэрычэтыщIэу щымыт IуэхущIапIэхэм абы ипэ зэи зэрырамытари.
КIэлъыкIуэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм цIыхухэм гуэдзэн щIэныгъэ егъэгъуэтынымрэ гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэдэлъхьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI ДыщэкI Бэллэ. Ар къытеувыIащ унагъуэхэр зэтезыIыгъэ хабзэ-бзыпхъэхэр щIыналъэм щыхъумэнымкIэ министерствэм курыт еджапIэхэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэм.
Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм хущIыхьэгъуэ-зыгъэпсэхугъуэр зэрырагъэкIуэкI IэмалхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Санэ Иннэ къытеувыIащ зи пашэ IэнатIэр унагъуэхэм защIэгъэкъуэным, зегъэужьыным теухуауэ зэрадэлажьэ щIыкIэр зыхуэдэм.
Къалэхэмрэ районхэмрэ къикIахэми къыхагъэщащ зи гугъу ящI унэтIыныгъэмкIэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр икIи гъэщIэгъуэнхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ зэрыщрагъэкIуэкIыр.