Мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэм арэзы къещI

КъБР-м лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Урысей Федерацэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий. Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ министрымрэ теп­сэлъыхьащ мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм адэкIи зэрызиужьынум, апхуэдэуи мэкъу­мэшыщIэхэм иратыну къэрал дэIэпыкъуныгъэхэм.

Патрушев Дмитрий къыхигъэщащ 2024 гъэм республикэм мэкъумэш продукцэр къыщы­щIэзыгъэкIхэр дэIыгъынымрэ щIыналъэм и ­къуажэхэм зегъэужьынымрэ къэрал мылъкум къыхэкIыу сом меларди 2,7-рэ зэрыхухахыр.
Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ къэкIыгъэхэр къэгъэкIыным. Пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр хэсэнымкIэ ди республикэр къэралым щыпашэхэм ящыщ зыщ. Къапщтэмэ, илъэс къэс гектар мин 1,5-рэ хъу пхъэщхьэмыщхьэ хадэщIэхэр къоу­нэху. БлэкIа илъэсым гъавэ бэв кърахьэлIащ - пхъэщхьэ­мыщхьэрэ мэракIуэу тонн мин 500-м щIигъу.
- Гуэдзрэ соеу къэдгъэкIым процент 40-кIэ хэдгъэхъуащ. Мы илъэсри нэгъабэрейм хуэдэщ - жылэу хэтщIэхэмрэ ар зытетсэ щIыпIэмрэ за­хъуэжакъым. Бжьыхьэсэхэм щIыгъэпшэркIэ егугъуныр и кIэм ноблагъэ. Лэжьыгъэм хъар­зынэу йоужьэ­рэкI, гъавэ бэв къызэрытIэрыхьэнум дыщогугъ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Мы­хьэнэшхуэ иIэщ мелиорацием зэрызиужьми. 2022 гъэм щегъэжьауэ псы зыщIэдгъэлъадэхэм гектар мини 8,5-рэ къыхэдгъэхъуащ, ар нэхъыбэ зэрытщIыным адэкIи иужь дитщ. Iэщ гъэхъунымкIэ IэнатIэми хъарзынэу ­зеужь. Нэгъабэ лыуэ къэдлэжьар проценти 10-кIэ, шэр - проценти 3,5-кIэ нэхъыбэ хъуащ.
Пхъэщхьэщхьэмыщхьэ - хадэхэкI консервхэр гъэ­­хьэзырынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр ­КИФЩI-м и щIыналъэ псоми ефIэкIащ, нэкулъ лIэужьыгъуэу, кхъуейуэ, минеральнэ псыуэ къы­щIагъэкIхэри нэхъыбэ хъуащ.
УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрыр гулъытэ нэхъ хуищIу къытеувыIащ къуажэхэм яIэ зыужьыныгъэм. 2020 гъэм щегъэжьауэ республикэр хэтщ «Къуажэхэм лъэныкъуэ псомкIи зегъэу­жьын» къэрал программэм. Абы хыхьэу жылэхэм дэт сабий садхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр зэрагъэпэщыж, псыкIэ къызэзыгъэпэщ объектхэр, нэгъуэщI куэди къагъэщIэрэщIэж. 2024 гъэм а Iуэхум къэрал мылъкум къыхэкIыу сом мелуан 38-рэ трагъэкIуэдэнущ.
КIуэкIуэ Казбек министрым фIыщIэ хуищIащ ди республикэм къызэреблэгъам, щIыналъэм и мэкъу­мэш хозяйствэм зэфIэкI хъарзынэхэр иIэу къызэрилъытам папщIэ.
Патрушев Дмитрий зыщигъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш-промышленнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэрекIуэкIми. Апхуэдэу япэу зригъэлъэгъуащ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм щыIэ «Кавказым и мэракIуащхъуэр ­(голубика)» IуэхущIапIэр.
Мы IуэхущIапIэр 2019 гъэм къызэрагъэпэщащ, икIи абы иIыгъщ гекар 50. Нэгъабэ абы къытрахащ продукцэу тонн 210-рэ. МэракIуащхъуэр ­мэкъуауэгъуэ мазэм щегъэжьауэ фокIадэм ику хъуху къыпач. Зы гектарым хуэзэу тонни 9-м нэблагъэ къытрах. А къэкIыгъэр зыхуей хуэзауэ лэжьэфыну щыхъур илъэситI ирикъуа нэужьщ, мэракIуа­щхъуэр IэкIэ къыпачыж, дунейр уэфIу, пщэдджыжьыпэм деж. Ар къэралым и тыкуэнышхуэхэм хурагъашэ. 
Шэджэм ЕтIуанэм министрым щрагъэлъэ­гъуащ «Фрукт-Трейд» мыIэрысэ щагъэкI, абы псы къы­щыщIаху IуэхущIапIэр, Прохладнэ щIыналъэм щыIэ мыIэрысэ жыгхэр, «Велес-Агро» IуэхущIапIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр.

Поделиться: