Календарь событий

08 апреля 2024

ЛЪЭПКЪЫМ И БЛЭКIАР УИ НЭГУ КЪЫЩIАГЪЭУВЭЖ

Ермаков Дмитрий сурэт техыным куууэ щыхыхьар 1860 гъэхэрщ. Перс къэралыгъуэм 1870 гъэхэм нэгузегъэужьакIуэ, зыплъыхьакIуэ кIуауэ, абы щытрихащ а щIыналъэр зыхуэдэр, лъэпкъым и псэукIэр, и щэнхабзэр IупщIу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ сурэт Iэджэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ Ермаковым къыфIащащ «Зи щIыхьыр лъагэ перс пащтыхьым и сурэттех» цIэр. Абы сурэт куэд иIэщ Тифлис къалэм, Кавказым, Тыркум, Персым ятеухуауэ. И IэдакъэщIэкIхэм къапэкIуэу 1874 гъэм къратащ Франджым щыIэ сурэттех жылагъуэ зэгухьэныгъэм и саугъэтымрэ Мэзкуу къалэм антропологиемкIэ 1878 гъэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм и дамыгъэмрэ. 

«Лэгъупыкъум» и псы дахэхэр

Прохладнэ щIыналъэм щыIэ «Лэгъупыкъу» IуэхущIапIэм лэжьэн зэрыригъажьэрэ илъэсипщI хъуауэ аращ, ауэ а зэман кIэщIым къриубыдэу абы къыщIигъэкI, пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмрэ къахищIыкI псы IэфIхэр щIыпIэ куэдым къыщацIыхуащ. «Морсок»-щ абыхэм зэреджэр. 

Къэсынщ а гъатхэр

Адыгэ усакIуэ, литературовед цIэрыIуэ Къэжэр Хьэмид ХьэтIутIэ и къуэр 1938 гъэм фокIадэм и 15-м Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун къуажэм къыщалъхуащ. 1956 гъэм курыт еджапIэр къиухри, 1957 гъэм КъБКъУ-м Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. 1962 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэм щIэныгъэ щызригъэгъуэта нэужь, аспирантурэм к1уауэ щытащ. 1967 гъэм Тбилиси щыпхигъэкIащ «Традиции и новаторство в кабардинской советской поэзии» кандидат диссертацэр. 1967 гъэм и фокIадэм щегъэжьауэ дыгъэгъазэ хъуху Зеикъуэ курыт школым егъэджакIуэу щылэжьащ.

ТехникэщIэхэр нэхъыбэ мэхъу

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм къащэхуащ техникэ зэмылIэужьыгъуэу 54-рэ. Абыхэм ящыщу 46-р тракторщ, 6-р гуэдз зэрыIуахыж комбайнщ, 2-р къэкIыгъэхэр зэрызэрахьэ нэгъуэщI техникэщ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым ирихьэлIэу къахуэщэхуам нэхърэ ар 24-кIэ нэхъыбэщ.

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIуощIэ

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм къащхьэщыжынымкIэ «Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» къэрал фондым КъБР-м щиIэ и къудамэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэмрэ зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм тету, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и прокурор Карпов Александр щIыналъэм щыщу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIащ. СВО-м къалэн щезыхьэкI, пIалъэкIэ я унэ къекIуэлIэжа зауэлIхэм абы зыхуагъэзащ уIэгъэ хъуахэм ират федеральнэ, щIыналъэ мылъкум, я псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным и IуэхукIэ.

Iэщ щхьэ бжыгъэм къыхохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм гъатхэпэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер хозяйствэхэм, уней IуэхущIапIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту Iэщрэ джэдкъазу яIыгъым я бжыгъэм къыхэхъуащ.

И тхыгъэхэм щIэупщIэ яIэщ

КъБР-мрэ Адыгэ Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артист Иуан Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм ноби щIэупщIэ яIэщ, и уэрэдхэр ягъэзащIэ. 

Мазэм и хъыбар

Дыщыпсэу планетэр къызэрыунэхурэ блэкIа зэманыр сыхьэт 24-рэ фIэкIа мыхъу жэщ-махуэу къызыщыдгъэхъумэ, уахэм къыщыддекIуэкI Мазэр иджырей щытыкIэм ихьэу щызэпцIыжар ЩIыр къызэрыунэхуу дакъикъи 10 дэкIа иужькIэщ – аращ, астрономием ирилажьэхэм къызэрабжамкIэ, а тIум я зэхуакум ныбжьу дэлъыр. 

ХьэрычэтыщIэхэм зыщIагъакъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ я IэнатIэхэм (МСП) щыпэрытхэм зэрыхудачых кредит ахъшэхэр етынымкIэ республикэм щыIэ банкхэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирагъэкIуэкI. Урысейм и Лъэпкъ банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ сом мелард 16,0 банкхэм иратащ, абы щыщу сом меларди 4,9-р уней IуэхущIапIэхэм.

Бытырым и мардэр

КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и ЩIэныгъэлI зэIущIэм унафэ къищтащ ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и суннэмрэ ар щэхьабэхэм зэрызэпкърахамрэ тету, 2024 гъэм и бытырым и нэхъ мащIэр соми 100 хъууэ. 

Iуэхур ягъэзэкIуэжащ

Иджыблагъэ Грознэ къалэм къыщызэIуахащ Урысей псом щыяпэ, цIыхухэм я пенсэхэр яхуэгъэувынымрэ социальнэ страхованэмкIэ дэфтэр хъумапIэ нэхъыщхьэ.
Централизованнэ архивыр къыщызэIуахащ Урысейм пенсэмрэ социальнэ страхованэмкIэ и Фондым и къудамэу Шэшэн республикэм щыIэм и хэщIапIэм пэгъунэгъуу.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 8, блыщхьэ

Урысей анимацэм и махуэщ
УФ-мрэ Белоруссиемрэ я дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1918 гъэм
адыгэ узэщIакIуэ, щIэныгъэлI Сихъу Сэфарбий и усэхэр зэрыт тхылъ къыдэкIащ.
1908 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щыщ парт, совет лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Чэмокъуэ Аслъэнджэрий.
1938 гъэм
къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыкъуэ Къаплъэн.