Календарь событий

18 апреля 2024

ХьэщIэщхэмрэ хьэщIэхэмрэ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъэхэм етхуанэ увыпIэр щиубыдащ. АбыкIэ япэ увыпIэм щытщ Камчатскэ крайр. Абыхэм я деж зыгъэпсэхуакIуэ кIуэ туристым хьэщIэщым щIэтIысхьэну зыщригъэтха махуэмрэ щыщIэтIысхьамрэ я зэхуакум мазитI пIалъэ иримыкъу дэлъщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым махуэ 35,9-рэ. 

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 18, махуэку
Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
Радиор фIыуэ зылъагъухэм, ар зэпкърылъхьэным дихьэххэм я дунейпсо махуэщ
1970 гъэм Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ.
1953 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Балъкъэр Руслан.
Дунейм и щытыкIэнур

Ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэр

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы. Гуэлыр ину къалъытэркъым, джэдыкIэ теплъэ иIэу хуэкIыхь-хъурейщ, и кIыхьагъыр хуэгъэфэщауэ километри 2 мэхъу, зы километр и бгъуагъщ, ику иту метритI и кууагъыу аращ. Ставрополь куеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэпылъыпIэр гуэлым икухэм деж хуозэ. 

ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым

КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, «ЦIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ отличник» щIыхьыцIэр зыхуагъэфэща, сурэт щIынымкIэ щIэблэм я гъэсакIуэ цIэрыкIуэ Ткаченкэ Андрей къызэралъхурэ илъэси 100 ирикъуащ. 

АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу

УзыщыгуфIыкI хъуну Iуэху къиIэтащ Адыгэ республикэм щыIэ «Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм». Абы хэтхэм я мурадщ тхылъеджэ зэхуэсхэр ирагъэкIуэкIыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ щохъу. Куэд щIакъым «Зерат» школым «Таурыхъищэ» зыфIаща клуб къызэрыщызэIуахрэ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI тхылъхэм абы адыгэбзэкIэ щытепсэлъыхьынущ. 

ЦIыхубэр зэрыгушхуэ

РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Жыгун Тимэ къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирикъуащ. 
Жыгун Тимэ 1914 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м Налшык быдапIэм (иджы Налшык къалэ) къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым ар Налшык Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум (ЛУГ-м) и театр студием щIэтIысхьащ. 1935 гъэм абы и щIэныгъэм щыпищащ Театр гъуазджэхэмкIэ къэрал институт Луначарскэм и цIэр зезыхьэм.

Тхылъ тыкуэным

- Тхылъыр гъэтIылъ! 
 Налшык зэрынэсыжу, тхылъ тыкуэным блэкIрэ пэт щIэпкIа Iэсият зыгуэр къызэрепсалъэр занщIэу къыгурыIуакъым. Шанэ здыпэплъэм, психологием теухуахэр зыдэлъ дапхъэм бгъэдэлъэдати, зэи имыужэгъу Фромм итха гуэрым дихьэхауэ ирожэ. 
 - Тхылъыр гъэтIылъ! – къоIу аргуэру. 
 - Сеплъу арат, - дыгъу къаубыдам и макъкIэ зеумыс хъыджэбзми, IэщIэлъ тхылъыр жыIэщIэу зэтрепIэж. Я Алыхь! Нобэ сыт махуэ?! Зеплъыхь. 
Зи макъ зыхихыр къыхуэлъагъуркъым. 
 - Уеплъу аракъым уэ абы, уоджэ! 

Зэману дахэ, сумыгъэпIащIэ…

«Сэ  усэ  сфIэфIщ. Зы  усэ  тхылъ  дунейм  къытехьэху, ар  хэт и  IэдакъэщIэкIми,  сыщогуфIыкI. Гумрэ  псэмрэ  дыхьэу,  зэщIэжьыуэу,  зэгъэкIуауэ,  хэти  щапхъэфIхэр  къыхихыфыну  тха  усэхэм  зэ  седжэу  лъэныкъуэ  езгъэзыжыркъым,  кIэщI-кIэщIурэ къытезгъэзэжурэ  соджэ,  седжэжыху   къэси  гу  зылъызмыта  гупсысэщIэхэр  къыхэзгъуатэу, абы  фIэщхъуныгъэ  къысхилъхьэу  апхуэдэщ», - жеIэ КъБР-м  и  цIыхубэ  егъэджакIуэ ДыщэкI Марие. Ди газетым и ныбжьэгъуфI егъэджакIуэр нобэ къытхуэтопсэлъыхь усакIуэ Вындыжь Марие и творчествэм.