Ди республикэми, къэралми, нэгъуэщI хэкухэми щыцIэрыIуэ футболист Хьэпэ Заур и ныбжьыр мы гъэм илъэс 60 ирокъу.
Ар 1964 гъэм Налшык къыщалъхуащ. Футболым щыхыхьари ди къалащхьэм дэт сабий спорт школырщ. ФIыуэ зыцIыхухэми езыми зэрыжаIэжымкIэ, гъуащхьэтет хъуну игу къигъэкIыххэртэкъым. Я командэм я гъуэр зыхъумэр махуэ гуэрым щыIэтэкъыми, Заур нэхъ лъагэт адрейхэм нэхъри, абы дэувэн хуей хъуащ. А къалэным хъарзынэу зэрыпэлъэщам къыхэкIкIэ, тренерхэр абы щыгуфIыкIри, гъуэм зэпымыууэ дэтыну дзыхь къыхуащIащ. Хьэпэм зэрыжиIэжымкIэ, и насып къикIри, гъуащхьэтет цIэрыIуэхэу, совет къэралыгъуэм зи цIэр щыIуахэу Беляев Владимиррэ Алдышев Анатолэрэ и гъэсакIуэ хъуащ. Алыхьым къыбгъэдилъхьа зэфIэкIым иужькIэ ахэрщ зи фIыщIэу Заур къилъытэр утыкушхуэм зэрихьамрэ и ехъулIэныгъэхэмрэ.
Дзэ къулыкъу къалэныр игъэзэщIэну, ар 1982 гъэм Дон Iус Ростов къалэм яшащ. Зыхэхуар спортсменхэм я ротэрти, и зэфIэкIым щыгъуазэхэм СКА футбол командэм хагъэхьащ. Налшык къигъэзэжа иужь, СССР-м футболымкIэ и етIуанэ лигэм абы щыгъуэ щыджэгу ди «Спартак»-м къащтащ. А зэманым хиубыда дэщIакIуэхэм фIы дыдэу ящIэж Хьэпэм къигъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэр. Сэри си нэгу щIэкIащи, адрейхэми хуэдэу, куэдрэ сигу къызогъэкIыж. Урысей чемпионатым и зы лъэхъэнэм топ 16 фIэкIа хьэрхуэрэгъухэм Хьэпэм и гъуэм къыщыхудамыгъэкIыфаи къэхъуащ. КъэщIэжыгъуейщ абы ипэкIэ апхуэдэ къэхъуауэ. Дауи, аращ Заур 1987 гъэм Мэзкуу и «Спартак» цIэрыIуэм и гъэсакIуэ, футболист цIэрыIуэу щыта Бесков Константин щIригъэблэгъар. А зэманым гугъут абы я гъуащхьэтет пашэ, СССР-м и командэ къыхэхами хэта, ди къэралым и чемпион куэдрэ хъуа Дасаев Ренатрэ абы хуэдэу Iэзэ Черчесов Станиславрэ зэпхъуэкIыу ищхьэ щытыпIэр зылъыбгъэсыныр. Абы къыхэкIыу, ар бэ- джэнду иратащ япэ лигэм щыджэгуа Ярославль и «Шинник»-м. ИужькIэ, Тбилиси и «Динамо» командэм и гъэсакIуэ Кипиани Давид къыщIэлъэIури, Грузием яшащ. Мыбыи гъуащхьэтет нэхъыщхьэ ущыхъуныр щIалэщIэм дежкIэ тынштэкъым. Сыту жыпIэмэ, куэд щIауэ ехъулIэныгъэ иIэу бжьыпэр бы- дэу иIыгът Габелие Отар. Абы щыгъуэ Тбилиси и командэм Европэм и Кубокыр къихьати, и футболистхэм я цIэр ину Iуат, я гъуащхьэтетыр япэ иту.
Мыбдеж гуапэу си гум къинэжа зы Iуэху- гъуэ сыкъытеувыIэнут. Ар 1989 гъэм фокIа-дэм и 9-рщ къыщыхъуар. СССР-м и чемпионатым щыцIэрыIуэ Мэзкуу и «Спартак»-мрэ фIыуэ слъагъу, сызыдэщI Тбилиси и «Динамо»-мрэ ди къэралым и «Лужники» ста-дион нэхъыщхьэм я зи чэзу зэIущIэр щызэхэтащ. Си насып къикIри, абы срихьэлIа хъуат. Дызэрыгушхуэ Iэпщэ Александр хэту «Динамо»-р «Спартак»-м и деж щыджэгуу 1:0-у текIуэу, СССР-м и чемпион щыхъуа 1964 гъэ лъандэрэ хухэгъэщIатэкъым а махуэм къы- пэщIэтахэр. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ди хэкуэгъу щIалэр абы щыгъуэ жыджэру джэгуат, щэнейрэ хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм топ дигъэкIыфынуи щытащ. Ауэ абы и фIы-щIэ хэлъщ футболист цIэрыIуэ Метревели Славэ къыхэжаныкIыу, Тбилиси и командэм текIуэныгъэ къызэрихьам.
ГъэщIэгъуэнракъэ мы махуэми, илъэс 25-рэ дэкIауэ, а бжыгъэ дыдэмкIэ хьэщIэхэр хэгъэрейхэм ятекIуащ. Абы щыгъуэ зыми шэч къытрихьэртэкъым «Спартак»-р зэрытекIуэнум. Германием и «Карл Цейс» командэр хигъащIэу, Европэм и Кубокыр къихьагъащIэу, нэхъри цIэрыIуэ хъуа Тбилиси и «Динамо»-м футболист зэфIэкI лъагэ зиIэу зыкъэзыгъэлъэгъуахэм ящыщу хэтыжыр Габелие Отар и закъуэт. Адрейхэр псори щIалэгъуалэт. Иджыпсту хуэдэу сощIэж, джэгугъуэ нэу-жьым Хьэпэмрэ Габелиерэ зым и Iэр ад- рейм и дамащхьэм телъу, зэхуэгуапэу джэгупIэ губгъуэм зэрикIыжар. Зауррэ сэрэ куэд щIауэ хъарзынэу дызэрыцIыхурти, сыбгъэдыхьэри сехъуэхъуауэ щытащ.
«Дэнэ укъыздикIар?» - жиIэу къыщызэупщIым, жэуап естыжащ абы фIэкIа Iуэху симыIэу, зыхэт командэм сыдэщIыну сызэ- рыкIуар. Ар абы хуабжьу игъэщIэгъуат икIи гуапэ щыхъуауэ щытащ. Си гущхьэ къэмы- кIауэ, фIыуэ слъагъу командэм срагъусэу, футболист цIэрыIуэу щыта, абы щыгъуэ я гъэсакIуэ Кипиани Давид сыбгъэдэсу я ав- тобусымкIэ стадионым сыкъыIуашыжауэ щытащ. Футболыр, Тбилиси и «Динамо» командэр икъукIэ фIыуэ зылъагъу сэ щIалэщIэм дежкIэ ар гухэхъуэт икIи зыщыгъэгъупщэжыгъуейт. Абы и мызакъуэу, Хьэпэм пщIэ лей къыхуащIу щымытамэ, апхуэдэ гулъытэ къыслъысын дэнэ къэна, футболистхэми я автобусми гъунэгъуу сыбгъэдагъэхьэнутэкъым, апхуэдизкIэ ткIийуэ яхъумэрти.
Хьэпэ Заур 1990 гъэм, «Иберия»-м хэту, Грузием и чемпион хъуну хунэсащ, ауэ нэхъ гухэхъуэу дигу къэдгъэкIыжрейр Владикавказ и «Алания» командэм, илъэсибгъукIэ ехъулIэныгъэ лъагэхэр къыщигъэлъэгъуам, хэту Урысейм пашэныгъэр къыщыщахьа 1995 илъэсырщ. Абы къищынэмыщIауэ, 2000 - 2001 лъэхъэнэм, Мэзкуу и «Локомотив»-м щыджэгуу, ди къэралым и Кубокыр къэзыхьахэм яхэ- тащ. ИтIанэ, дызэрыгушхуэхэм ящыщщ ди адыгэ щIалэ бжьыфIэр 1993, 1994, 1995 гъэхэм Урысейм и футболист нэхъ Iэзэ 33-м зэрыхабжар. 1994 гъэм ар Урысейм и гъуащхьэтет нэхъыфIу къилъытащ «Спорт-Экспресс» газетым.
ИтIанэ, журналист куэдми гулъытэ хэха хуащIащ, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа футбо-лист мымащIи яфIэтелъыджэу тепсэлъы-хьащ Хьэпэ Заур и зэфIэкIым. Псом хуэмыдэу, Европэм и Кубокым щIэбэну, Германием и Дортмунд къалэм и «Боруссие» командэм «Алание»-р щыдэджэгуам, гъущIыбжэ хагъэувам хуэдэу, ди адыгэ щIалэм и гъуэр зэрихъумам икIи джэгугъуитIми увыIэгъуэ имыIэу къытегуплIа нэмыцэхэм зы топ фIэкIа къызэрыхудамыгъэкIыфам куэдрэ и гугъу ящIащ.
Сигу къэзгъэкIыжынут Заур дэслъэгъуа мыпхуэдэ Iуэхугъуи. Налшык и «Спартак»-м щыджэгуа Биджиев Хьэсэнбий и гъусэу ар щIэх-щIэхыурэ накIэлъыкIуэрт школым къыщыдеджа, университетым курсэгъу къыщысхуэхъуа и ныбжьэгъухэм. ФIыуэ ялъагъу я ныбжьэгъур гъуащхьэтет нэхъыщхьэу СССР-м и командэ къыхэхамрэ Мэзкуу и «Спартак»-мрэ зэрыщамыгъэувымкIэ мыарэзыуэ хъущIэрт щIалэхэр. Черчесовми, Дасаевми, адрейхэми нэхърэ Заур нэхъ лъэщу щыжаIэм, абыхэм я псалъэр зэпиудри, яхуидауэ щытакъым. «Ахэр зэфIэкI лъагэ зиIэ гъуащхьэтетхэщ икIи цIыхугъэ дахэ зыхэлъщ, фатемыпсэлъыхь» - зэрыжиIауэ щытар иджыпстуи си тхьэкIумэм итщ. Футболым дихьэх куэд зэрыщыгъуазэщи, гъуащхьэтетхэм мащIэщ яхэтыр зи гур зэхуэкъабзэ.
Хьэпэ Заур футболым щиIа ехъулIэныгъэ псомрэ къэзылъхуахэм, и унагъуэм, и цIыхугъэм убгъуауэ утетхыхьмэ, ди газетым и зы къыдэкIыгъуэ игъэнщIынри хэлъщ. Армырми псалъэ гуапэ куэд хужаIэ, ди щIыналъэгъу куэд ирогушхуэри, дэри къытлъысу, ди гумрэ ди псэмрэ къабгъэдэкIыу дохъуэхъу и щхьэгъусэ Терезэ, и къуэмрэ и пхъумрэ хуэузын-шэу, гуныкъуэгъуэ имыщIэу иджыри илъэс куэд къыхупищэну. Ноби и лэжьыгъэр футболым епхащи, и ехъулIэныгъэхэмкIэ цIыхухэр игъэгуфIэну ди гуапэщ.