Медаль 59-рэ къахь!ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэу кикбоксингымкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Невинномысск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Къалмыкъым я спортсмену 500-м щIигъу. «ТекIуэныгъэм и Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу екIуэкIа а зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм гупхэм я зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Ди спортсменхэм дыщэ медалу 28-рэ, дыжьыну 16, домбеякъыу 15 къахьащ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
|