Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэСербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат. Апхуэдэ зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту къэралым и щIыхьыр яхъумэну дзыхь кърагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэу Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ. Абы и мызакъуэу, мы тхыгъэр щыдгъэхьэзырым ирихьэлIэу Мэзкуу къалэм къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. Мэлыжьыхьым и 24-м Бекъул Миланэ къыхуагъэфэщащ Урысейм дунейпсо классымкIэ спортым и мастер цIэ лъапIэр. Ар къыпэкIуащ адыгэ бзылъхугъэм иужьрей илъэсхэм къигъэлъэгъуа и зэфIэкIхэм. Республикэм щыяпэу, Миланэ УФ-м тхэквондомкIэ и чемпион нэгъабэ хъуащ, дунейпсо, европей зэхьэзэхуэшхуэхэм щытекIуащ, етIуанэ-ещанэ увыпIэхэр къыщихьащ. Бекъулым зыкъыщигъэлъагъуэр килограмм 46-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|