Зэману дахэ, сумыгъэпIащIэ…

«Сэ  усэ  сфIэфIщ. Зы  усэ  тхылъ  дунейм  къытехьэху, ар  хэт и  IэдакъэщIэкIми,  сыщогуфIыкI. Гумрэ  псэмрэ  дыхьэу,  зэщIэжьыуэу,  зэгъэкIуауэ,  хэти  щапхъэфIхэр  къыхихыфыну  тха  усэхэм  зэ  седжэу  лъэныкъуэ  езгъэзыжыркъым,  кIэщI-кIэщIурэ къытезгъэзэжурэ  соджэ,  седжэжыху   къэси  гу  зылъызмыта  гупсысэщIэхэр  къыхэзгъуатэу, абы  фIэщхъуныгъэ  къысхилъхьэу  апхуэдэщ», - жеIэ КъБР-м  и  цIыхубэ  егъэджакIуэ ДыщэкI Марие. Ди газетым и ныбжьэгъуфI егъэджакIуэр нобэ къытхуэтопсэлъыхь усакIуэ Вындыжь Марие и творчествэм. Вындыжьыр журналист  Iэзэщ, Къэбэрдей-Балъкъэр  радиом  и  адыгэ  редакцэм   егъэджэныгъэмрэ  щIэныгъэмкIэ  и  къудамэм  илъэс куэдкIэ купщIафIэу щылэжьащ.

«Куэдым дощIэ Вындыжь Марие  и  усэхэр     къарууфIэу,  гъащIэм и лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ  гупсысэ щэщIауэ зэрыщытыр. Абы и  жьэм  жиIэр  и  гум  зэрилъыр   нэрылъагъущ.

Усэ тхыным  дихьэх, абыкIэ  зэчий  зыбгъэдэлъ дэтхэнэ цIыхуми хуэдэу,   сыт  хуэдэ  IэнатIэ  бгъэдэмытми, Марие зэман   къегъуэт икIи  и  псэр темыпыIэу  йолэжь  тхэным, а тхыгъэхэр  и  купщIэкIи  и  гупсысэкIи  удахьэхыу  дунейм  къызэрытехьэным  хущIэкъуу. Псалъэр зыгъэIурыщIэф, ар зэхэщIыкIыгъуэу, фIэщхъуныгъэ хэлъу  къэзыгьэсэбэпыф а усакIуэм сыт хуэдэ гупсысэри удихьэхыу, гумрэ  псэмрэ  дыхьэу къеIуэтэф.     Марие  и  мурад  дахэхэр  гъэзэщIа  мыхъу  щIыкIэ зэманыр  зэрепIэщIэкIыр, гъащIэм  зэрыхэщIыр  къохьэлъэкI:

Зэману  дахэ,  сумыгъэпIащIэ,

ТIэкIу  зыпкIэрысщIэм,  къысхуэгумащIэ.

Мы  зэм  си  лъэIур  уэ  схуэгъэзащIэ,

СыхущIыхьакъым,  сумыгъэпIащIэ.

Жьыгъэр  си  лъэмбым  къыумыгъэувэ,

ГъащIэ  IэфIыпIэр   сфIумыгъэмащIэ.

ТIэкIурэ   зышыIэ,  тIэкIу  зыгъэгувэ.

  Вындыжьым и  усэхэм  укъеджэну  тыншщ,  Iэзэу,  купщIафIэу  тха    сатырхэм  удахьэх,  гум  тыншу  къонэ, дызрихьэлIэ псалъэ  шэрыуэхэм,  жыIэкIэ  дахэхэм  ди  бзэм  зрагъэужь,  къулей  ящI.  Сэ жысIэркъым Вындыжьым  иджыри  къэс  къамыгупсысыфа, ямытхыфа къигъэщIауэ, хузэфIэкIауэ,  ауэ  къэгъэлъэгъуапхъэщ  абы  и  усыгъэхэр  сыт  щыгъуи  зызыхъуэж  гъащIэм,  зэманым  тещIыхьауэ, абыхэм  ди  пащхьэм  кърагъэувэ къалэнхэр  гъэзэщIэным  тегъэпсауэ     зэрыщытыр. НэхъапэIуэкIэ  итха  усэхэмрэ иджырейхэмрэ  щызэбгъапщэкIэ, наIуэ  дыдэу  болъагъу абыхэм дэтхэнэ  зэманми и  нэпкъыжьэ тридзэу  зэрыщытыр.                                                                                       

Псалъэм папщIэ,   Вындыжьым  зы  зэман и  усэхэмкIэ     хэку  лъагъуныгъэм,  хабзэ-нэмысым,  гуащIэдэкI  хьэлэлым  дыхуреджэ,   ди  фIэщи  ещIыф  апхуэдэхэр тхэлъыныр  зэрыIэмалыншэр, арыншауэ нобэрей  гъащIэм узэрыхэмыпсэукIыфынур:

Щтырыгъу  зыкъуищIэкIми  гъащIэм,

УцIантхъуэу, уи гъуэгу  утемыкI.

Пшагъуэбэм  ухидзэм,  уи  гущIэм

И нур  щIихъумэн  лъумыгъэкI.

Нобэ  хэкур  зыгъэгузавэ  щытыкIэ  мыхъумыщIэхэр  сэтей  къэщIыным, ахэр  ди  лъэпкъ  напэм   къызэремызэгъым,   икIэщIыпIэкIэ  ахэр  гъэкIуэда  зэрыхъуным   сыт  щыгъуи  и  нэIэ  тетщ  усакIуэм. Тогузэвыхь  ар фадэм,  афияным  къишэ  зэраныгъэхэм,  анэдэлъхубзэм   хуащI  гулъытэр  мащIэ  зэрыхъуам,   игу ящIогъу  сабий  адэншэхэм,  егъэпIейтей   унагъуэ  лъэлъэжхэм, ауэ щогугъ  и усэбзэр  щIэблэм я  гущхьэм  нэсыну, зэхахыну. Аращ  абы  мыпхуэдэу  щIыжиIэри:

Хэку-анэ  лъапIэу  сызэрыгушхуэ.

Ди  насыпыпсыр  тхуэжэбзэжынщ.

Iэмыр  ищIынщи  мы    ди  Тхьэшхуэм,

Адыгэ  лъэпкъым  зиIэтыжынщ.

 Дэтхэнэ  зы  усакIуэми  хуэдэу, Вындыжь  Марие  куэду  иIэщ  Хэкум, лъахэм, щалъхуа  щIыналъэм  ятеухуа  усэхэр.  «Си  лъахэ»,  «Адыгэ  пшыналъэ», «Хэку-анэ» усэхэм   щыдолъагъу  хэкум  хуиIэ лъагъуныгъэр,  псалъэ  гъущэ  къудей  мыхъуу,  ар  зэрыт  щытыкIэ  къэлъэхъшам  гурэ  псэкIэ  зэрыригузавэр. Апхуэдэу  щытми, и  лъахэр, и  бзэр  зэригъэлъэпIэныр, абы  и  къыщхьэщыжакIуэу  зэрыщытыныр и  усэхэм  щегъэIу:

ЗгъэлъапIэр  сытым  щыгъуи  си  бзэрщ,

Пудыгъэ  лъысу  сымыдэн.

Дэтхэнэ  зы  адыгэми  хуэдэу,  ар  щIохъуэпс  хамэщI  щыпсэу  адыгэхэм  я  хэкужьыр  ягъуэтыжыным.  Адыгэ пшыналъэр, лъэпкъыр  зы  хъужыну  зыщыгугъыр цIыху  псоми  захригъэхыну хуейщ. А макъамэращ    хэкум  къыхуеIэжыныр игъэпсынщIэну  зыщыгугъри:

Адыгэу хъуар,  зэхэльхьи  лIыгъэ,

КъытхуешэлIэж  адэжь  и  жьэгу.

Адыгэ къафэр  фхуэтщIу  тыгъэ,

Лъэпкъым  тщIыжынт  бжэIупэ  джэгу.

ЩIыуэпсыр   хъумэным,  абы  и  дахагъым  хуэмыуса   усакIуэ  гъуэтыгъуейщ. Уеблэмэ  къыпщыхъунри хэлъщ а темэм   хужыпIэни  къэбгъэлъэгъуэни  щумыгъуэтыжыну. Вындыжьым  и  усэхэм,   абы  хужаIахэм  я  фIыпIэр  къызэщIакъуэжри,  езым  и  макъамэ  дахащи  щIегъэувэжыф.  Псалъэм  папщIэ, гъэщIэгъуэныщэу   къыхехыф  абы   зэгъэпщэныгъэхэр.  Марие и мызакъуэу,  усакIуэ  псоми  куэду къыщахь  я усыгъэхэм  зэгъэпщэныгъэхэр,  абыхэм  ди  нэгу  къыщIагъэувэф  щIыуэпсым  и  теплъэ  дахащэр, абы  щхьэхуимыту  ди  псэр  хуеIэ  ящIыф.  Вындыжьым  и  зэгъэпщэныгъэхэр  адрейхэм    я  деж  щыдмылъагъухэщ, езым  и  псэм  къыдэуша,  езым  къигъэщIыжахэщ.  Апхуэдэхэщ:

Анэ  быдзышэ  хуэлIа  сабийуэ,

Псы  хуэлIэ  щIылъэм  и  жьэр  ущIат.

Аслъэн  уIауэ,   лъыпсыр  къыпоткIу.

Зи  гъусэр  къуршым  щыкIуэда  къыууэ.

МэкъуауэлI  щIыфэр,  тIыгъуа  балийуэ.  

Апхуэдэ  дыдэхэр  яхужыпIэ  хъунущ  олицетворенэхэми:

Бжьыхьэ  дадэм,   зэшу,  папщэу,

Губгъуэ  нэщIым  зыщеплъыхь.

Пшагъуэ  нанэм   жьыбгъэр  щIэпщэу

Мес,   къуэладжэм  и  щхьэр  ехь.

 А  усэхэр  рифмэ зэмылIэужьыгъуэ  зыбжанэхэм   тету  зэрыщытыр а псом  хэплъхьэжмэ,  усыгъэм  и  щIэщыгъуэ  псори  Вындыжьым  къехъулIауэ  жыпIэ  хъунущ.

Дэтхэнэ  зы егъэджакIуэми сэбэп  ин  хуохъу  Марие  и  усыгъэхэр. Сэ,  псалъэм  щхьэкIэ,  сфIэфI  дыдэщ  и усэхэм  бзэр  зыгъэдахэ, къулей зыщI  Iэмалхэу  метафорэхэр, эпитетхэр,  зэгъэпщэныгъэхэр,  псалъэжьхэр,  псалъэ  шэрыуэхэр  къыщезгъэлъыхъуэн, рифмэ  зэмылIэужьыгъуэхэм  гу  лъезгъэтэн,  ахэр  сыт  хуэдэми  къезгъэщIэн. Усэхэм къыщыхьа  псалъэухахэу  гъэсэныгъэ-ущииныгъэ ин  зыхэлъхэм егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэр  щIэщыгъуэ  ящI,  еджакIуэхэм  я  бзэм  зрегъэужь, поэтическэ  бзэм  и  щхьэхуэныгъэхэм  гу  лърегъатэ.

    Си  гуапэщ   и  мурадыфIхэмрэ   зэфIэкIхэмрэ   зэтехуэу   Вындыжь Марие лъэпкъым  куэдрэ   тхуэпсэуну».

Зыгъэхьэзырар ТАМБИЙ Линэщ.
Поделиться: