Календарь событий

05 апреля 2024

Иджырей Iэмалхэм я зэфIэкIыр

ТехнологиещIэхэм я фIыгъэкIэ щIэныгъэлIхэм я зэфIэкIым хэхъуэ зэпытщ. Илъэс тIощIырыпщI ипэкIэ фIэщщIыгъуейуэ къащыхъуу щыта куэдым нобэ йоплъ дэтхэнэ зы Iуэху къызэрыгуэкIми хуэдэу. Зыужьыныгъэм и Iэужьыр гъащIэм и лъэныкъуэ  псоми зэрынэсыр нэрылъагъу тщызыщI щапхъэ дапщэ дыщрихьэлIэрэ ди хъуреягъым.

Дахагъэр зыхъумэ IэщIагъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дизайнымкIэ и колледжым «Щэнхабзэ щIэинхэр зэгъэпэщыжын» («Реставрация») унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зэзыгъэгъуэт и еджакIуэхэр иджыблагъэ Iуэхугъуэ дахэ хэтащ. Лапхъэмрэ пхъэмрэ къыхэщIыкIа щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъумэ щIыкIэхэм, зэман кIыхьымрэ дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсымрэ я ягъэ зэкIа IэщIагъэхэр зэрызэрагъэпэщыжым теухуа, практикэ мыхьэнэ зиIэ лекцэ зыбжанэ еджакIуэхэм къахуеджащ Урысейм и щэнхабзэ щIэинхэр зэгъэпэщыжынымкIэ зэгухьэныгъэм хэт IэщIагъэлIхэр.

Хъаным и медалыр

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграмм-каналым къызэритамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм стIолыщхьэ теннисымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Дагъыстэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ставрополь крайм я спортсмену 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щхьэдэмыхауэ. 
Зэхьэзэхуэм и домбеякъ медаль къихьащ ди командэм щыщ Хъан Батыр. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ абы къыпэщIэтащ нэгъуэщI ди зы щIалэ – Абазэ Аслъэнбэч. Хъаным и тренерыр Темыркъан Заурщ.

Сом мелуаным щIигъу хэщIыныгъэ

Урысей МВД-м   Лэскэн районым щиIэ къудамэм,   Урысей ФСБ-м и Упаравленэу КъБР-м щыIэм  я лэжьакIуэхэм, Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм  и зауэлIхэр ящIыгъуу  Аргудан къуажэм  и  мэзылъэм    щаубыдащ  илъэс 36-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэур,  къуэкIыпIэ бжей мэз жыгхэр ириупщIыкIыу.    
ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, абы ар игъэхьэзырт и хуабэщхэр иригъэплъын папщIэ.  КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм   къызэрилъытамкIэ, абы къыхэкIыу  къэралым сом мелуан 1,1-рэ хэщIыныгъэ игъуэтащ.   

ЗэкIэ етIуанэщ

ЕсэнтIыгу къалэм и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ а къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Зэпеуэм кърихьэлIащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм я командэу 8, езы джэгуахэр я ныбжькIэ илъэс 15-м щIимыгъуауэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы хэтащ Iэпщэ Александр и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм дэт футболымкIэ спорт еджапIэм и тренер Махъсидэ Лиуан и гъэсэнхэр икIи етIуанэ увыпIэр абы къыщахьащ.

ЕгъэджакIуэхэр ягъэгуфIэнущ

Мэлыжьыхьым Осетие Ищхъэрэ - Аланием и курыт еджапIэ нэхъыфIхэм яIэрыхьэнущ республикэм и Iэтащхьэм и грантхэр, сом мелуан 60 хъур. Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хэIущIыIу зэрищIамкIэ, школ къэс мелуан зырыз ялъысынущ.

Хэхэсхэм я IуэрыIуатэ

АдыгэкIэ узэджэ хъунур

Зы хьэщIэщ дисти, зылI и псалъэм къыхэхуэ зэпытт: «Адыгэ! Адыгэ! Адыгэм хуэдэ щыIэ ?!- жиIэурэ.
- Хэт адыгэкIэ узэджэ хъунур?- сеупщIащ, и жьэр щымыувыIэм.
Зы къэбэрдей къытхэсти, абы къыхедзэ:
- Къэбэрдейращ адыгэкIэ узэджэ хъунур!
- Шапсыгъращ адыгэр! – идакъым шапсыгъым.
Абазэхэм жиIащ:
- Абазэхэращ адыгэр!
- Хьэтыкъуейращ адыгэр! – жиIащ хьэтыкъуейм.
Зы нэхъыжь къытхэсти, псоми я псалъэм едэIуа нэужь, мыр жиIащ: 

Футбол цIыкIумкIи ятокIуэ

«CUP ATLETIK» фIэщыгъэр зэрихьэу щIыналъэхэм футбол цIыкIумкIэ я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Минвод къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и сабий спорт еджапIэхэм, футбол клубхэм я командибл, езы джэгуахэр я ныбжькIэ илъэси 8 - 9 хъухэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуащ Iэпщэ Александр и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм дэт футболымкIэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэм икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, япэ увыпIэр зэпеуэм къыщахьащ. Абы нэмыщI, зэхьэзэхуэм и футболист нэхъыфIу къалъытащ ди щIалэ Токъуий Байсангур. 

Сабий тхылъхэр

Сабий тхылъым и тхьэмахуэр къэунэхуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм и зэманым – 1943 гъэм. Сабий тхакIуэ Кассиль Лев Москва къыщызэIуихащ япэ тхьэмахуэр. Абы фIищат «Тхылъхэм я махуэхэр» («Книжкины именины»). «Сыту гуапэ уи гупсысэм лъагъуэ щыхишым, ар цIыхубэм зэдай щыхъум деж», - иретхэ абы иужькIэ и блокнотым. 

ЦIыхухэм яIущIэнущ

Урысей МВД-м КъБР-м щиIэ и управленэм и Жылагъуэ советым хэтхэр цIыхухэм яIущIэнущ. Абы щыхэплъэнущ къэрал кIуэцI органхэм я къалэнхэр зэрагъэзащIэм, хабзэхъумэхэмрэ жылагъуэмрэ я зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным теухуауэ лэжьыпхъэм. 

Зи цIэр фIыкIэ тхыдэм къыхэна

ГукIи псэкIи къызыхэкIа лъэпкъым хуэлэжьащ ПащIэ Бэчмырзэ. И лъэпкъэгъухэм я къэкIуэным иригумэщIырт ар. Апхуэдэу хамэ къэралхэм, къапщтэмэ, Тыркум, Iэпхъуа адыгэхэм я Iуэху зэрыщыт зригъэщIэну Бэчмырзэ пщэрылъ зыщищIыжат. 

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 5, мэрем

Гъэсэныгъэм и дунейпсо махуэщ
1905 гъэм
Курп Ищхъэрэ къуажэм и мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ.
1943 гъэм ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и бюром унафэ къищтащ Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуауэ.
1956 гъэм къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик ПIаз Сергей.
 

Дунейм и щытыкIэнур