Хэхэсхэм я IуэрыIуатэ

АдыгэкIэ узэджэ хъунур

Зы хьэщIэщ дисти, зылI и псалъэм къыхэхуэ зэпытт: «Адыгэ! Адыгэ! Адыгэм хуэдэ щыIэ ?!- жиIэурэ.
- Хэт адыгэкIэ узэджэ хъунур?- сеупщIащ, и жьэр щымыувыIэм.
Зы къэбэрдей къытхэсти, абы къыхедзэ:
- Къэбэрдейращ адыгэкIэ узэджэ хъунур!
- Шапсыгъращ адыгэр! – идакъым шапсыгъым.
Абазэхэм жиIащ:
- Абазэхэращ адыгэр!
- Хьэтыкъуейращ адыгэр! – жиIащ хьэтыкъуейм.
Зы нэхъыжь къытхэсти, псоми я псалъэм едэIуа нэужь, мыр жиIащ: 
- ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ и хъыбар зыщIэр – ар зы; хэкум дыщисам щхьэж и жылэ здисар зыщIэжыр – ар тIу; лIэужьыр бжьиблкIэ мауэри, ебланэ лIэужьым нэс къызжезыIэр - ар щы; Сосрыкъуэ щхьэкIэ «лъапэкIэрыхъ-жэмыхъуэрылъху» щIыжаIэр зыщIэр – ар плIы: мис а плIыр зыщIэращ адыгэкIэ узэджэ хъунур. А плIыр къызжефIэмэ, фыадыгэщ.
Къэбэрдейми, шапсыгъми, абазэхэми, хьэтыкъуейми я жьэр яубыдащ абы иужькIэ.

Гур зэрыгъум

Адыгэр Тыркум къэсри (Урыс-Кавказ зауэм иужькIэ), Дузджэ лъэныкъуэмкIэ яутIыпщащ: «Фи нэ къыфIэнэм деж псэупIэ фхуэхъун къыщыхэфх», - жари. 
Тхьэмадэхэр ежьэри, куэдрэ заплъыхьащ. Иужьым, ягу зэщыуауэ, етIысэхащ ахэр. Я щхьэр къыфIэхуауэ, хоплъэри щысщ.
- Щхьэ фыхэплъэрэ? Фигу иримыхьыр сыт? – къеупщIащ тхьэмадэхэм.
- Мы щIыпIэр псэупIэ тхуэхъунукъым, - ядакъым абыхэм.
- Сыт щIыфхуэмыхъунур?
- Итырыгъу фIэкI, пщIащэ пыту зы жыг дыщрихьэлIакъым мы лъахэм. Мыбдеж псэупIэ тхуэхъумэ, дэри аращ къытщыщIынур – дыкIуэдынущ.
- Фи тхьэ фызэреплъщ, - къыжраIащ адыгэхэм.
Сыт ящIэнт: абдежым щетIысэхын хуей хъуащ.
Гур зэрыгъум дыгъур ирожэ: абдеж щетIысэхахэм къащыщIар аращ.

Ари пэжщ

Зы щIалэ мэз кIуауэ къуэладжэ дыхьащ. МэзылIым Iууэри, лIыр иубыдащ.
- СыутIыпщыж, - жери щIалэр мэзылIым елъэIуащ.
- УзутIыпщыжынщ, псалъэ пэжищ къызжепIэмэ, - къыпиубыдащ мэзылIым.
- БжесIэнщ.
- Сыт къызжепIэн?
- Уэ узыдэс къуэладжэ игъащIэкIэ сыдыхьэнкъым, - жиIащ щIалэм.
- Ар зы. Узахуэщ. ЕтIуанэр-щэ?
- Сыкъыдыхьэрэ сыдэкIыжамэ, игъащIэкIэ къытезгъэзэжынкъым. 
- Ар тIу. АбыкIи узахуэщ. Ещанэуи сыт къызжепIэн?
- Си хъыбар зэхэзыха мы къуэладжэм къыдыхьэнкъым.
- Ари пэжщ, - жери мэзылIым щIалэр къиутIыпщыжащ.

 

«ХамэщIым вагъуэхэр щоужьых» тхылъым къитхыжащ
Поделиться: