Щызэдагъэхъар гъунэншэщКавказыр къыщазэу лъэхъэнэ дыджым лIыгъэ зезыхьа ди лъэпкъэгъухэм я сатырым вагъуэ лыду зи цIэр къахэщхэм ящыщщ Сэфралыкъуэ Мэт. Ар хэт жытIэмэ, а зэман хьэлъэм Псыжь адрыщIкIэ, нэхъ IупщIу къэдгъэлъагъуэмэ, ИнжыджитIым я Iуфэхэмрэ абы къедза Iэхэлъахэмрэ щтапIэ ихьэжу щыпсэуа къэбэрдей адыгэхэм ящыщщ. Езыр лъхукъуэлIми, зэрыпхъуакIуэхэм псэемыблэжу япэщIэта адыгэлI щыпкъэ Ажьджыр и къуэ (Ажджэрий) Кушыку, мынэхъ пхъашэмэ (гуащIэмэ) къызэрыкIэрыху щымыIэу, дэгъуэгурыкIуа зауэлI емызэшыжщ, шыщхьэмыгъазэщ, дэфтэрхэри IуэрыIуатэри щыхьэт зэрытехъуэу… Инжыдждэс адыгэхэм ящыщ нэхъыжьыфIхэм зэраIуэтэжымкIэ, а лIыхъужьитIым зауэ IэнатIэм щызэдагъэхъам гъуни нэзи иIэкъым. Зым и щIыб адрейр къыдэту зэдэгъуэгурыкIуа Кушыкурэ Мэтрэ ятеухуа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжа икIи бзэ къулейкIэ ахэр къезытхэкIыжар адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым ЩэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алийщ. А цIыху емызэшыжым итхыжахэм ящыщщ мыбдежым къыщытхьынури… «Мыр куэд щIакъым Налшык сыкIуауэ ди щIэныгъэлI хъарзынэ Гъут Iэдэм къызэрызжиIэжрэ…», - а псалъэхэмкIэ кърегъажьэр зи гугъу тщIа лIыхъужьитIым ятеухуауэ Шэрджэсым зэхуихьэсыжа хъыбархэм ящыщ зыр. Уи Iыхьэ - си Iыхьэ Кушыкурэ Мэтрэ я закъуэу щыщакIуэу щыта лъэхъэнэм зы щIыпIэ ежьауэ кIуэхэрт. Адыгэ шу закъуэ къаIуощIэ. ФIэхъус зэрахри: - Уэ, си къуэшхэ, а фыздэкIуэмкIэ пащтыхьыжьым и дзэм щыщ пакIэ цIыкIу мэз гъунэм щигъуэлъыкIауэ щылъщ, топи яIыгъыу. Абыхэм фыкъалъагъумэ хьэлэч фыкъащIынщ, зыдэвдзых нэхъ! - къажреIэр. - Тхьэм уигъэпсэу, къуэш, укъызэрытхуэгузавэр гуапэщ, ауэ бийм и дзэ къытIущIэмэ худэддзыхыу ди Хэку дитынумэ, дэ сытым дрищIысыж, дэ апхуэдэм десакъым! - жраIэри, лIым дзэ пакIэр здэщылъымрэ я бжыгъэр гъунэгъуу зэрыхъумкIэ щIоупщIэ. ФIыщIэ зэхуащIу зэбгъэдокIыжри, щхьэж и гъуэгу тоувэж. ЗэныбжьэгъуитIым жэщым а дзэ пакIэр здигъуэлъыкIам гъунэгъу зыхуащIри, иджыри бийр жей IэфIым хэту ятоуэ. Кушыкурэ Мэтрэ къагупсысар Iэмал мэхъаджэт - тIури зы лъэныкъуэмкIэ мыжэу, атIэ зэхуэжэу бийм и хъуреягъыр зэщIагъэхьэурэ хьэлэчыр халъхьащ. ЗыкъэзыIэтым еуэрти зэпаупщIырт, къыпаупщIар щхьэщымыху щIыкIэ къаубыдырти: - Мэ, Ажьджырыкъуэ, мыр уи Iыхьэщ! - жиIэрти, Мэт Кушыкум хуидзырт. - Мэ, Сэфралыкъуэ, мыр уэри уи Iыхьэщ! - жиIэрти, Кушыкум Мэт къыхуидзт. Апхуэдэу, уафэхъуэпскIым ехьэ-екъуу, езы тIур зэхуэжэурэ, сэлэт къэушахэм зытрагъэпсыхьынур къахуэмубыдыурэ, зэныбжьэгъуитIым дзэ пакIэ цIыкIум щыщу зыри къамыгъанэу зэтраупщIэтат. А гупыр къалъыхъуэу къэзыгъуэтыжахэм сэлэтхэм ятелъ уIэгъэ дыджхэмкIэ зэуэ къащIат мы гупым хьэлэчыр къахэзылъхьар хэт хъунуми. ЗэныбжьэгъуитIым щхьэкIэ «адыгэ дыгъужьхэр» жаIэрт. «Дыгъужьым хуэдэу къыкъуолъэт, щысхьыншэу зэтраукIэри, дыгъужьым хуэдэуи мэбзэхыж!» - жаIэрт. А адыгэлI пхъашитIым я хъыбар Iэджи а лъэхъэнэм къыдэкIыу щыта урыс газетхэми журналхэми къытехуэрт. Апхуэдэ зы хъыбарым зэрыжиIэжымкIэ, а тIур зыкъом щIауэ ещэрт пащтыхьыдзэм гухьауэ къулыкъу щэху хуэзыщIэ адыгэпщ епцIыжакIуэм. Зы гъэмахуэ жэщ гуэрым, я хьэхэри лы быдэу зэрыуба бжьакъуэхэмкIэ къагъэпцIауэ, зылъыхъуэм и щхьэгъубжэ щIагъым Сэфралыкъуэр щIэст, пщыр и унагъуэм къыщекIуэлIэжынум пэплъэу. Зи щхьэгъубжэр зэIудза пэшым щикIукIырт сабий тыкъыр цIыкIу зыIыгъ пщым и гуащэр. Нанур хуабжьу къиинт, и анэм хуэувыIэжыххэртэкъым. Щыхуэмышэчыжым: - Мэ, Сэфралыкъуэ, мы гъуамэр схуэувыIэркъыми нысIых! - жеIэри, щхьэгъубжэм къыдишиикI хуэдэу зещI. Мэт, ар зылъыхъуауэ и насып къихьати, мапхъуэри сабийр къыIэщIеуд, епхъуатэри жэщ кIыфIым хобзэхэж. А сабийр зэныбжьэгъуитIым япIат хэкунэ-хэкупсэу, адыгэ щыпкъэу… Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Сэфралыкъуэр куэдрэ щхьэщыпсэукIыжауэ дыщыгъуазэкъым сабий узым ихьыжауи шэм ихьауи жыхуаIэ и ныбжьэгъу Ажьджырыкъуэм. Кушыкупщи Сэфралыкъуи Къэбэрдейм ящыщт. Езы Сэфралыкъуэм и кIуэдыкIэ хъуар зыми жиIэжыфакъым. Ар лIэщIыгъуэжь бзаджэм (XIX) и 40 гъэхэм нэс псэуауэ хуагъэфащэ. ИужькIэ тIуми я хъыбар щыIэжакъым.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 14:56 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
17.04.2024 - 11:45 →
ЕщIэнокъуэхэрэ КIэфыщхэрэ я таурыхъ
05.04.2024 - 12:14 →
Хэхэсхэм я IуэрыIуатэ
05.04.2024 - 10:11 →
Сабий тхылъхэр
25.03.2024 - 15:30 →
Си жэнэт
|