ЩIыпIэцIэхэр

Маркъуэтхрэ Къуацэгъуррэ 
Хы ФIыцIэми егъэщIылIауэ Iузэв тенджызми пэмыжыжьащэу Кавказым и ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ зыкъыщызыIэт бгыщхьэ сэнтххэм зэреджэрщ ищхьэкIэ къыщытхьа фIэщыгъэхэр. 
А тIум ищхъэрэкIэ гъэза я джабэщIхэм АтIэкIумрэ Абынрэ къуэпс-къуэпсурэ зыкъыщызэщIакъуэ. Япэр нэхъ ин зыщIыр, етIуанэр абы зэрыхэлъэдэжырщ, армыхъуамэ я теплъэкIи цIыхухэм «къазэрыфIэIуэхукIи» а тIум зэрагъэхь щыIэкъым. 
АтIэкIум - Адагум
А фIэщыгъэр зэрехьэ Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм (хы ФIыцIэм пэгъунэгъу мэзылъэ бгыщхьэхэм) къыщежьэ Бэкъан, Ныбэджей («бгъэжь лъыиф, хьэщхьэрыIуэ» жыхуиIэщ) псы цIыкIуитIыр щызэхэлъэдэжым деж къыщыщIидзэ тIуащIэм. А цIэр кIэрыпщIащ нэхъ и лъабжьэIуэкIэ къыщыс урыс жылэми. Езы псым километр 66-рэ и кIыхьагъщ.
Бэкъанрэ Ныбэджейрэ я гугъу тщIымэ, а тIум я псы къуэпсхэм къыщыщIадзэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хыхьэ Маркъуэтх тхым и джабэ нэкIухэу ищхъэрэкIэ егъэзыхахэрщ. Метр 700 фIэкIа зи мылъагагъ сэнтхыщхьэм дыгъапIэмкIэ гъэза и бгыщIэр Новороссийск (ЦIэмэз), Геленджик (ХъупIэжьий) къалэхэу хы ФIыцIэм егъэщIылIахэрщ зыхуэплъэр. 
Адыгэ Республикэм щыпсэуа филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Мерэтыкъуэ Къасым щIыпIэцIэхэм ятриухуа «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъыр щыхьэт зэрыхъумкIэ, шапсыгъ адыгэхэм Iущхьэ къэкIыгъэм щхьэкIэ «атIэкIум» жаIэу щытащ. Ауэ щыхъукIи (Мерэтыкъуэм зэригъэувымкIэ), ищхьэкIэ зи гугъу тщIа пситIым, зэхэлъэдэжа иужькIэ, къагъэщIам зэреджэри а жыIэкIэм къытехъукIагъэнущ. 
Мыдрейуэ. Краснодар къалэм щыщ лъахэхутэ цIэрыIуэ Ковешников Владимир «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъым зэрыщитхымкIэ, щIыпIэцIэр «дэгу» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм хэт «адэгууа» псалъэм хуэзыхьхэми уарохьэлIэ. 
1857 гъэм накъыгъэм и 7-м, Урыс-Кавказ зауэм и гуащIэгъуэу, мы щIыпIэм зауэшхуэ щекIуэкIат. ИкIи, тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абдежым къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэ хьэлъэм, ехъулIэныгъэ къыщагъэлъагъуэу, япэ дыдэу хэтащ а лъэхъэнэм ди лъэпкъэгъухэм къадэIэпыкъуа поляк дзэлIхэмрэ абыхэм я пашэ полковник Лапинский Теофил европей мардэхэм тету къызэригъэпэща топыдзэмрэ.
XIX лIэщIыгъуэм ипэхэм кIахэ адыгэхэм я деж щыхьэщIа археолог икIи геолог Дюбуа де Монпере Фредерик (Швейцарием щыщ франджыт) щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, АтIэкIум и псыхъуэр Натхъуэдж (адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зым и фIэщыгъэщ) хэгъэгум хыхьэу щытащ. 
 Зэнзэныпсу къабзэрэ къуэпсыбэу 
Абын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуами, иужьым къалэ цIыкIуу ялъытэжа Абинск пхрыж псым. Лъахэхутэхэм ящыщу языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр „мэз“ мыхьэнэ зиIэу абхъазыбзэм хэт „абнэ“ псалъэм къытехъукIащ.
ЩIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита Твёрдый Александр «Топонимика Кавказа» и тхылъым зэрыщитхымкIэ, «Абын» фIэщыгъэр а бзэ дыдэм «быдапIэ» мыхьэнэ зиIэу къыщыкIуэ «абаа» жыIэкIэми йокIуалIэ, дызытепсэлъыхь щIыпIэм и Iэгъуэблагъэм щыпсэуа «абун» мэуэт лъэпкъым зэреджэу щытами хуокIуэ, апхуэдэуи, илъэс 2150-рэ ипэкIэ псэуа алыдж астроном, математик, географ Птолемей Клавдий КъухьэпIэ Кавказым хузэхилъхьа картэм къыщигъэлъэгъуа Абунис быдапIэжьым и цIэми ирагъэщхь. 
Зи гугъу тщIы псыр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм бгъурыхьэ тхыцIэ нэхъ цIыкIухэм ящыщ зым, «Къуацэ гъуркIэ» (Коцехур) зэджэм, ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщожьэри, зихуэдэ щымыIэу зэнзэныпсу къабзэрэ къуэпсыбэу ищхьэхэмкIэ зыкъыщызэщIекъуэ. 
Шапсыгъхэм, зэрыщыту къатщтэмэ адыгэхэм, я щэнхабзэм дихьэххэр нэхъыбэ зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, Абын и кIейм зыщызыплъыхь щIыпIаплъэхэм я бжыгъэми иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу хэхъуащ. Ахэр малъхъэдису зыщIэзышэ нэгузегъэужьыпIэхэм ящыщщ ижь-ижьыж лъандэрэ мы къуэладжэм адэкIэ-мыдэкIэ Iэрамэ-Iэрамэу щызэхэт испы унэжьхэри (дольменхэр, мегалитхэр). 
Зи ныбжьыр илъэс мини 3-м щхьэдэха а ухуэныгъэ телъыджэхэр щIыпIаплъэрыгъуазэхэм, ди гуапэ зэрыхъунщи, зрапхыр адыгэхэм я тхыдэм и закъуэщ. Мывэ джафэ пхъэбгъушхуэхэр апхуэдизу дахэу икIи зэгъэкIуауэ зэтегъэзэгъащи, ямыгъэщIэгъуэн яхузэфIэкIыркъым. Мегалитхэм нэхъыбэ дыдэу узыщрихьэлIэр Абын хэлъэдэж Жьанэпс псы бгъунж цIыкIум и Iуфэрщ.
Гъэм и хуабэгъуэм зыкърезыгъэхьэлIэ щIыпIаплъэхэм зи лъащIэр лъагэу щхьэщыIэтыкIа машинэхэмкIэ (джип лIэужьыгъуэхэмкIэ) Абын и псыхъуэр къызэхажыхь. Бдзэжьей щещэну къыдыхьэри мащIэкъым, мы щIыпIэм «къуентхъыншэ» зэрыщымыхъунур ящIэри. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: