Календарь событий

11 апреля 2024

Дыдейхэрщ нэхъыфIыр

«Russian Cup» фIэщыгъэр зэрихьэу Анапэ къалэм футболымкIэ иджыблагъэ щызэхаша урысейпсо зэхьэзэхуэм Бахъсэн къалэм и «Форвард» командэм и гъэсэнхэм зэфIэкIыфIхэр къыщагъэлъэгъуащ. 2012 - 2013 гъэхэм къалъхуахэм щхьэхуэу ирагъэкIуэкIа зэпеуэхэм япэ увыпIитIыр абыхэм къыщахьащ.

Ди щIалэр каратэмкIэ чемпионщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 6 - 7-хэм Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ Урысейм киокусинскаймкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 28-м я спортсмену 300-м щIигъу.

ЦIыхуфIым и хьэлыр къыхэщу

Балъкъэрхэр Кавказ Ищхъэрэм щыщ, зи бзэр тыркубзэ гупым хыхьэ лъэпкъщ. Я нэхъыбэр Къэбэрдей-Балъкъэрым исщ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм ящыщхэр щопсэу Къыргъызми, Къэзахъстанми, Тыркуми, Америкэми.

Терроризмэм пэщ1этынымк1э операцэм и п1алъэр щхьэщахыжак1эщ

КъБР-м и Оперативнэ штабым хъыбар къыдегъащ1э мэлыжьыхым и 11-м, Налшык къыщрахьэжьа Терроризмэм пэщ1этынымк1э операцэм (КТО) и п1алъэр зэриухамк1э. 

Хэщхьэж гупсысэхэр

Хабзэ хъуауэ, «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъуфI, и щIэджыкIакIуэ набдзэгубдзаплъэ, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие нэщI мазэ лъапIэм къриубыдэу газетеджэхэм захуегъазэ «Хэщхьэж гупсысэхэр» зыфIища и гурылъхэмкIэ. Нобэ фи пащхьэм идолъхьэ апхуэдэ усэхэм я еплIанэ гупыр.

                  Хъуэхъу

Мы нэщI мазэ лъапIэм сынывохъуэхъу

Узыншагъэ быдэ фэ фиIэну,

Гукъыдэжыр абы щIыгъужыну,

Фи сабийхэм я фIы куэд флъагъуну,

Фи Iыхьлыхэм псэм фыхамыхыну,

Фи пщIэм нэхъри ину зиIэтыну,

Мусэ лъапIэмрэ мэлыхъуэмрэ

«ГукъэкIыжхэм ящыщ хъугъуэфIыгъуэхэр» тхылъым Руми Джалалуддин къыщеIуэтэж Мусэ лъапIэм къыщыщIа хъыбар гъэщIэгъуэн.

ЦIыху къэмылэнджэжт

КъБР-м щыIэ МВД-м и ветеран, милицэм и полковникыу къулыкъум къыхэкIыжа, а хабзэхъумэ IэнатIэм и тхыдэдж Шипилов Валерэ иIэщ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ ­министерствэу КъБР-м щыIэм и унафэщIу щытахэм - Хэку зауэшхуэм хэта, щIыналъэм и хабзэхъумэ нэсхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэ куэд.

ЗЭМАНЫМ ДЕКIУУ

Дзэлыкъуэ щIыналъэр ди республикэм и гъунапкъэм щысщ. А куеймрэ Ставрополь щIыналъэмрэ зэгъунэгъущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIым щыщу районым еубыд и Iыхьэ ханэр. Дзылыкъуэ районым щопсэу цIыху 50700-м щIигъу.

Нэрымылъагъу дуней

Анзорей къуажэм къыщалъхуа, абы дэт курыт еджапIэ №2-м илъэс куэдкIэ щылэжьа, иужьым ар дыдэм зи цIэр фIащыжа Табыхъу Хьэзрит Къанщауэ и къуэр зи IэнатIэм псэ хьэлэлкIэ бгъэдэта егъэджакIуэ Iэзэу зэрыщытам и мызакъуэу, щIыуэпсым и иджырей щытыкIэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм теухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэри къызэринэкIащ. Микроскопыр къызэрежьамрэ ар зищIысымрэ триухуар абыхэм ящыщ зыщи, къыхэтхыжа пычыгъуэхэмкIэ дывдэгуэшэнщ.

Лъэпкъым и дыщэ пхъуантэ

НыбжьэгъуфIым, зэгуэр щIэгъэкъуэн нэс къыпхуэхъуа цIыху щыпкъэм и гугъу пщIыну сытым и дежи гуапэщ. ЗэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ущытепсэлъыхьми, гуп ухэсу гуапэу и цIэ ипIуэми а зыхужыпIам и гум ар IэфIу къызэринэм шэч хэлъкъым. КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил щапхъэ зытриха нэхъыжьыфIу композитор цIэрыIуэ Къардэн Хьэсэн зэрыщытам куэд щыгъуазэщ. Нобэ теддзэ тхыгъэ цIыкIури ДжэбрэIил къиIуэтэжу сэ стхыжыгъат илъэс зыбжанэ ипэкIэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, ар Хьэсэн илъагъуну, къеджэну хунэсат.

УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ

КъБР-м ЦIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и центрыр мы махуэхэм жыджэру хэтащ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэмрэ КъБКъУ-мрэ щекIуэкIа IэнатIэхэм я жармыкIэ «Работа России. Время возможностей» урысейпсо Iуэхум.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 11, махуэку

♦Фашист гъэрыпIэм исахэр хуит къызэращIыжам и дунейпсо махуэщ

♦Паркинсон узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

♦1892 гъэм къалъхуащ адыгей тхыбзэр зэхэзылъхьа БекIухъу Ахьмэд.

♦1931 гъэм къалъхуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, журналист КIасэ Чэмал.