Дыдейхэрщ нэхъыфIыр

«Russian Cup» фIэщыгъэр зэрихьэу Анапэ къалэм футболымкIэ иджыблагъэ щызэхаша урысейпсо зэхьэзэхуэм Бахъсэн къалэм и «Форвард» командэм и гъэсэнхэм зэфIэкIыфIхэр къыщагъэлъэгъуащ. 2012 - 2013 гъэхэм къалъхуахэм щхьэхуэу ирагъэкIуэкIа зэпеуэхэм япэ увыпIитIыр абыхэм къыщахьащ.

Абы нэмыщI, саугъэт щхьэхуэхэмкIэ ягъэпажащ илъэс 11 - 12 зи ныбжьхэм я зэхьэзэхуэм гъуащхьэхъумэ ныхъыфIу къыщалъыта Къуэдзокъуэ Азрэтрэ топджэгу нэхъыфIу къыхаха Джэдгъэф Резиуанрэ.

Апхуэдэуи, илъэси 10 - 11 зи ныбжьхэм я деж гъуащхьауэ нэхъыфI щыхъуащ Гугу Мухьэмэд, топджэгу нэхъыфIыр Къардэн Амырхъанщ.

Бахъсэн къалэм и «Форвард» топджэгу командэр зыгъасэ Къардэн Темырлан зэхьэзэхуэм и тренер нэхъыфIу къалъытащ.

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться: