Хэщхьэж гупсысэхэр

Хабзэ хъуауэ, «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъуфI, и щIэджыкIакIуэ набдзэгубдзаплъэ, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие нэщI мазэ лъапIэм къриубыдэу газетеджэхэм захуегъазэ «Хэщхьэж гупсысэхэр» зыфIища и гурылъхэмкIэ. Нобэ фи пащхьэм идолъхьэ апхуэдэ усэхэм я еплIанэ гупыр.

                  Хъуэхъу

Мы нэщI мазэ лъапIэм сынывохъуэхъу

Узыншагъэ быдэ фэ фиIэну,

Гукъыдэжыр абы щIыгъужыну,

Фи сабийхэм я фIы куэд флъагъуну,

Фи Iыхьлыхэм псэм фыхамыхыну,

Фи пщIэм нэхъри ину зиIэтыну,

Къаплъэу илъэпкъар къывэхъуэпсэну,

ФыпсэухукIэ зым фемыхъуэпсэну.

Фи щхьэгъусэхэр къыфщхьэщытыну,

ПщIэ, нэмысыр фякум дэмыкIыну,

Лъагъуныгъэр кIащхъэ зэи мыхъуну,

Гурэ псэкIэ фызэгъунэгъуну.

Фи гуфIэгъуэр сыт щыгъуи куэдыну,

Хэхъуэ фIэкIа зыкIи мымэщIэну.

Жагъуэгъу куэди фэ къыфхуэмыхъуну,

КъыфхуэхъуIами зэи фIы хуэмызэну.

 

                Дэнэ къикIа лажьэ?

МурадыфIхэр яIэу гъэщIэм техьа цIыхухэм

Сыту хъыбар гуауэ къащIэIуа,

Концерт гъэлъэгъуапIэм къекIуэлIахэм

Сыт я лажъэт, щхьэ зэтраукIа?

Щхьэусыгъуэ абы сыт хуэхъуами,

ИджыпстукIэ зэхэкIа мыхъуа,

Ауэ сытым ар къыхэмыкIами,

Нэхъ икIагъэ адэкIэ къэмыхъун.

Апхуэдэ щIэпхъаджэ ялэжьыныр

Сыт хуэдэ унафэ, сыт къалэн?

Хабзэ ар, е динкIэрэ цIыхугъэ?

ЦIыху укIыныр щхьэ хьэлу къащта?

Терроризмэр дэнэ къикIа псалъэ,

Хэту пIэрэ ар къезыгъэжьар?

Хэту щытми, хуремыгъу, солъаIуэ,

ЯщIа мафIэм Тхьэм хригъэсхьэж.

 

              Гуапагъэ

ПщIын и гуапэ цIыхум хьэл пхуэхъуамэ,

ГуфIэм удэгуфIэурэ уопсэу.

Игу зэрыхэбгъахъуэр фIыщIэ ищIмэ,

ДяпэкIи хуэпщIэным уогупсыс.

Ауэ щыIэщ цIыху, а хуэпщIа псори

Къилэжьауэ фIэкIа къызыщымыхъу

Адыгагъэ епхам зыгуэр пэкIуэу

Езыми къытехуэу зигу къэмыкI.

КъысхуэмыщIэ ахэр къэплъэнэфми,

Ягу темыхуэу щытми гуапэ щIэн.

ФIы зыгурымыIуэр дауэ щытми,

Ар цIыху нэсу сэ схужымыIэн.

КъыбжаIэнщ уэ дахэ зэи-тIэуи,

ГукъэкI зэрумыщIри пхуашэчынщ.

Ауэ зэгъащIэ, псоми яIэщ пIалъэ,

ФIым пэмыджэр мэхъу Iыхьэншэ щIэх.

Гуапэм гуапэ пэкIуэу къыздекIуэкIхэр

Сытым щыгъуи псэкIэ зэхуэIэфIщ.

Уи щхьэм къылъысыну уфIэфI псоми

Адрейр зэрыхуэныкъуэр уигу игъэлъ.

 

             Ущие

Сыт зэмани, сыт лъэхъэни

СызыщIэхъуэпсыр зыщ,

СиIи силъи мысэбэпу

ПIэхэнэ сумыщI.

Сахэгъэт сэ фIыуэ слъагъухэм

Сахуэхъуу сэбэп.

Къалэжьамэ мыхъумыщIагъэ,

ЯхуэсщIу нэмыплъ.

СфIэфIщ цIыхуфIым седэхащIэм,

Сэбэп хъуар сIэтын,

МащIэ дыдэу фIэкIа мыхъуми,

Бзэджар згъэукIытэн.

КъимыкI абы сынэхъыфIу,

Е нэхъыбэ сщIэу,

Ауэ ар схуэхъуащ IэщIагъи -

Узэсэр сэгъейщ.

ЦIыхур зэхэлъщ фIырэ Iейуэ,

ТIури дэнэ пхьын?

Сыту фIыт а фIыр куэдамэ,

Абы сыщIэкъунт.

Ехьэжьауэ мылъку фремыIэ,

Ику иту фыпсэу.

Хэт плъэгъуа уэ «иномаркэ»

Ис щхьэкIэ къэнау.

Къатищ унэ щIэс ухуейми,

УлIэн къэмынэн.

А зы щIакхъуэрщ тшхыр псоми

Тыншу дывгъэпсэу.

Ажалыншэ зы щымыIэ

Псори дылIэжынущ. -

ИщIэгъа щыIакъым щIагъуэ, -

СхужамыIэм арщ.

 

                     Дунейр чэзущ

ЗэвгъащIэ, мылъкур сыт щыгъуи уэсэпсщ.

Фымынэщхъей фи Iуэхухэр мыхъуу жыфIэу,

Ар псоми дощIэ - мы дунейр чэзущ.

Дытетщ дэтхэнэри гъуэгуанэ зырызыххэ,

Тхурехъу ар сыткIи псоми угъурлы

ИмыщIэ зыми абы къыщыпэплъэр,

Сыхуейт нэщIэбжьэ лъэпкъ щывмылъагъун.

Мытынш а гъуэгур хэткIи ирикIуэну,

Алэрыбгъуи щабэу темыпхъуа,

Кумби, зади, шэди, быркъуэшыркъуи

Дапщэщи ухэкIынкIэ куэдрэ мэхъу.

Сыхуейщ а гъуэгур къывэпсынщIэкIыну,

Джэлэн, цIэнтхъуэн фи нэгум щIремыкI,

Iэтауэ фи щхъэр, зыкIи фыкъэмыскIэу,

Къэгъазэ лъэпкъ фимыIэу фрикIуэн.

Трелъ сыт щыгъуи абы берычэтыр,

ЦIыху пэжи куэду гъусэ щыфхурехъу,

Зэи фимыбгынэу къыфщIрегъу гущIэгъур

АбыкIэ хуабжъу сэ сыарэзыщ.

Поделиться:

Читать также: