Хъыджэбз мэкъуауэ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыфIищу 2014 гъэм дунейм къытригъэхьа и тхылъым ит мы Iуэтэжыр жызыIэжар а хэгъэгум хыхьэ жылэхэу Зеикъуэ дэс Гундэхъу Исмэхьилрэ Хьэбэз щыпсэуа Даур Исмэхьилрэщ. 

Инжыдж ЦIыкIу Iус ХьэтIохъущыкъуеижьым я къуажэпщ ХьэтIохъущокъуэ Жамбот Къэбэрдеишхуэм щыщ Къэрабыкъуэ хьэщIэу къыхуэкIуауэ и теуэ-тепкIэт. ХьэщIэм хуищIапхъэу зыри къимыгъанэу, тхьэмахуэм нэблэгъауэ жылэм дэсахэт, унэимыкIыу. 
Махуэ гуэрым гуп зэрыгъэхъури зэрыдэхащ, езыхэми жьы зыщIрагъэхуну яшхэми зрагъэукъуэдиину. А гупым яхэтт Жамботыпщым и дзыхьщIэгъу, и IупэфIэгъу, фIыуэ илъагъу щIалэ, Сали и цIэу.
Шу гуп цIыкIур ЗеикъуащхьэкIэ ихьэри, ХьэтIохъущыкъуейм и Iэхэлъахэм и дахагъэр хьэщIэм ирагъэлъэгъуащ. НэгъуеикъуэкIэ ихьэжхэри, ипщэкIэ дэкIуэтейуэрэ, шэджагъуэ мыхъупэу жыжьэу къалъагъу нэрыбгэ гуэрхэр, цIыхуитI фIэкIаи мыхъуу къуажэми пыIудзауэ, мэкъу еуэу. Ахэм гу зэралъитэу, Жамбот егъэщIагъуэри и гъусэхэм захуегъазэ: 
- Мы щIыпIэ жыжьэу бзаджэ зекIуапIэм, къэзакъхэри здызэхэзеуэм, я закъуэ дыдэу мы тIур дауэрэ къыдэкIа? Ар сыт гъэщIэгъуэн? – жеIэри.
- Тхьэ соIуэ, Жамбот, а тIум я зыр бзылъхугъэкIэ! Феплъыпэт! – жеIэ Къэрабыкъуэм.
Шухэр нэхъ гъунэгъу яхуэхъуати, зэуэ гу лъатащ гъуэншэдж лъапэ кIыхьым джанэ хужь дэупщIауэ мэкъу еуэ хъыджэбзым. Шухэр бгы сэнтхым дрекIуэкI мэз цIырхъым къыхэт хуэдэти, мэкъуауэхэм гу къылъатакъым. 
- Япэ ищар пщащэщ, феплъыт абы кърихьэх аргъынэр зыхуэдэм! Иужь итыр тIорысэщ. Дауи, ар и адэу къыщIэкIынщ, кIуэ и хъыджэбзым и мызакъуэн щхьэкIэ щIыгъуу къэкIуагъэнщ! – жеIэ Сали.
Гупыр зэхопсыхэ. Я шу гъусэхэм ящыщ щIалэ гуэрхэр Жамбот къелъэIуат я гъусэхэм загъэпсэхуху кIуэуэ лIыжьым тIэкIу дэIэпыкъуну, ауэ Жамбот яхуидакъым:
- Ящымыщу хэт къабгъэдыхьэми, апхуэдиз гу хьэлэлагъ зиIэу къэзылъхуам дэIэпыкъу хъыджэбзыр дгъэукIытэнщ, езыри хамэ цIыху къилъагъун зэрыхуэмейуэ пхъэхащ. Абы нэхърэ мы Iэхэлъахэм тIэкIу зыщыдгъэгувэу, ахэр тхъумэмэ нэхъыфIщ, нэхъ сэбэпщ! - жиIэри.
Гупым лъэныкъуэгъазэ защIри, Iуащхьэ цIыкIум и щIыбкIэ шыхэр щрапх, уанэ къуапэхэм фIэдза хъуржынхэр къыфIахри, Iэнэ щаухуэ. Пхъэ гъур IэплIэ мэзым къыщIах, кхъэнсэгу зэбгрытхъуам Iугъуэншэ мафIэ тращIыхьри, лы гъэвар къагъэхуэбэж, пхъэ дзасэкIэ лы гъурыри ягъажьэ. 
Шу гупым я шэджэгъуашхэри зэфIокI. МэкъуауитIри я щIыб зэхуэгъэзауэ мэтIысри, шэджэгъуашхэ ящI. Я шэмэджхэр жыжьэу аргъынэпэм щыхэтIат, езыхэр мыдэ выгу жьауэм щIэст, Iей лъэпкъ ягу къэмыкIыу.
Ахэр шхэну щытIысыным къыкIэлъыплъауэ къыщIэкIынт, зы тIэкIу нэхъ емыдзэкъахэу, къэзакъ шу зыбгъупщI къыкъуолъэтри, мо бэлэрыгъауэ щыс зэадэ-зэпхъум къатобанэ. НапIэзыпIэм хъыджэбзыр япхри, шы Iэдэж яIыгъым и уанэгум ерагъыу иралъхьэ. ШууитIым выжьитIыр ирахужьэри, макIуэ-мэлъей, щIоцIывэжхэ.
ЩIалэ плъырым шухэр къызэщIиIэта щхьэкIэ, Сали къызэтрегъэувыIэр: 
- АдэкIэ къэхъунум девгъэплъыт. Ахэр дэ тIэщIэкIыу зыщIыпIи кIуэжыфынукъым, дэ дишхэм загъэпсэхуащ, мобыхэм хьэлъэ яIыгъщ, выжьитIри шым хуэдэу яхуэкIуэнукъым. Уэлей, си пащIэр фэзмыгъэупсмэ а сэ слъэгъуам ахэм зэригъэхьмэ! 
- А жыпIэм зыри пыслъхьэкъым, Сали. Ауэ ди гъусэ щIалэхэм ящыщу шууитху хуэдиз мыбыкIэ щэхуу ирежэкIыу къапэтIысмэ нэхъ сфIэкъабылт, - жеIэ пщым. Апхуэдэуи ящI.
Шу ирагъэжьахэр къуагъым къухьэн яхущIыхьатэкъым ирахьэжьа хъыджэбзыр къыщыкъуэкIыжам. Пщыр и нэрыплъэмкIэ плъэри, илъэгъуар телъыджэ къыщымыхъун лъэкIакъым: хъыджэбзыр адыгэ уанэ гъэфэрыщIа зытелъ хакIуэ къарэшхуэм тест, абы аркъэнкIэ къыкIэрыщIат зи щIыбхэр зэхуэгъэза къэзакъ лIышхуитI зытепха алащэ пцIэгъуэплъыр. Шуууэ зы къэзакъ бгынтIи выжьитIыр къихужт, япэ иту. Къэзакъ гупым Iэщэу яIыгъа псори, я къамэ-бгырыпххэри хэтыжу, алащэм кIэрыщIа шым и уанэм къеблэкIат. 
Хъыджэбзым гузэвэгъуэ лъэпкъ кIэрумылъагъуэу гум къекIуалIэри, хакIуэр кIэщIу абы ирипхащ. Адрей шыхэри гум и мыдрей лъэныкъуэмкIэ кърепхри, щIалэхэм Iэнэ къахуеухуэ. Яхуэсакъыу егъашхэри, гум пхъэIэбжьанэ кърех, ар нэхъ щIалэ кIантIэм IэщIелъхьэри, ищIэн хуейр ирегъэлъагъу: езы урысхэм зэрахабзэу, аргъынэ пыупщIагъащIэхэр зэIищIэурэ игъэгъущыну еутIыпщ. Адрей тIур шэмэджхэр здыхэтIа аргъынэпэм ешэри, шэмэдж зырыз къаIэщIелъхьэри, мэкъу еуэну хуит ещI.
«КъыптекIуэр Iуэхущ!» - жи. Зи гурыгъыр ижауэ къыщIидзыжа щIалэжьхэм сыт ящIэжынт? Хъыджэбзыр къахуэгубжьынкIэ шынэу щIадзащи, IэнатIэ къыхуагъэлъэгъуар кърахьэх. ЛIыжьым гу щIагъым зыщегъэпсэхури, шыхэр щыгъущыжым къуэм иIэ псынэм ишэурэ псы иригъэфащ, итIанэ къуэм дэт екIэпцIэ пIащIэм кIыхьу щрипхащ, зэлъэмыIэсу хъуакIуэфын хуэдэу. Псы щIыIэ къыздехьри мэкъуауэхэр ирегъафэ.
Апхуэдэу, «щIыхьэху» къыздришэжьахэр егугъуурэ ичынды хъуху егъэлажьэ. Аргуэру хъыджэбзым щIалэхэр егъэтIысри егъашхэ. Псори зэфIэкIа нэужь, гум ирилъхьауэ щыта Iэщэхэр къахуегъэтIылъыжри, езыхэм яйхэр къыхрегъэхыж, шыхэр къабгъэдешэжри, Iэ яхуещI кIуэжыну хуитхэу…   
Къэзакъ шууищыр къыщежьэжым, ХьэтIохъущокъуэм и шухэр абыхэм япожьэри къагъэувыIэ. ФIэхъусыр зэфIэкIа иужь, урысыбзэм хуэIэижь Жамботыпщым къэзакъ щIалэхэр къегъэтIысри, адыгитI нэхъ мыхъум, абыи зыр бзылъхугъэу, адрейр лIыжьу шу гупышхуэ теуэн хуей щIэхъуар къарегъэIуатэ.
- Псори зи лажьэр ди кошевой зызымыгъэнщIыжращ! – жеIэ къэзакъ нэхъыжьыIуэм. – Ди Iэщ хьэулея гуэрхэм дылъыхъуэу дыкъыщежьэм, шэса къудейхэм ящыщ щIалэщIэхэри ди гъусэти: «Ди хлопецхэм едгъэлъагъунщ къэзакъхэм яхузэфIэкIыу щытар!» - жиIэри, дэ хуэдмыгъэдэха щхьэкIэ къимыгъанэу, щIалэ цIынэхэр и гъусэу къыщIэпхъуащ. Адыгэр зэризакъуэм папщIэ зэи зыпыпшэ зэрымыхъунур дапщэщи къыджаIэрт ди нэхъыжьхэм. А зи закъуэ къыпфIэщIым и гъусэхэр хьэзыру къуагъым къуэсынкIэ зэрыхъунури жетIат ди кошевойм, ауэ къыдэдэIуакъым. Аращ хуэфащэ дыдэу и хьэкъ щIыIууэжари! – къыщIегъуж абы…
 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться: