Лъэпкъым и дыщэ пхъуантэНыбжьэгъуфIым, зэгуэр щIэгъэкъуэн нэс къыпхуэхъуа цIыху щыпкъэм и гугъу пщIыну сытым и дежи гуапэщ. ЗэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ущытепсэлъыхьми, гуп ухэсу гуапэу и цIэ ипIуэми а зыхужыпIам и гум ар IэфIу къызэринэм шэч хэлъкъым. КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил щапхъэ зытриха нэхъыжьыфIу композитор цIэрыIуэ Къардэн Хьэсэн зэрыщытам куэд щыгъуазэщ. Нобэ теддзэ тхыгъэ цIыкIури ДжэбрэIил къиIуэтэжу сэ стхыжыгъат илъэс зыбжанэ ипэкIэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, ар Хьэсэн илъагъуну, къеджэну хунэсат. «Лъэпкъым и дыщэ пхъуантэ» ДжэбрэIил зыфIища и IэдакъэщIэкIыр щыхьэт тохъуэ а фIэщыгъэм. - Искандер Фазиль итхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Уи лъэпкъ генийр хэту щытми къызжеIи, узищIысыр бжесIэнщ», - жеIэри. Ди гуапэ зэрыхъунщи, адыгэ лъэпкъым лIы нэс куэд къыхэкIащ. Абыхэм ящыщщ Урысейм и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, УФ-ми Къэбэрдей-Балъкъэрми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къардэн Хьэсэн, - къызжиIат ХьэIупэ ДжэбрэIил. Хьэсэн сыщIалэ цIыкIуу япэ дыдэ сыщыхуэзауэ щытар 1962 гъэращ. Япэ уэрэдыр, «Си гъатхэ» зыфIэсщар, зы композитор гуэрым деж схьати, «мыр хъунукъым, мыбыхэм ухэмыт» къызжиIащ. Сэри, сыбзаджэ цIыкIуу къыщIэкIынти, абы жиIам тезмыщIыхьу, Хьэсэн езгъэдэIуэну мурад сщIащ. Iуэхур зыIутыр жесIэу уэрэдым макъамэ щIэслъхьар щезгъэлъагъум: «Алоу-алыхь, мыр цIыхум зэIэпахыу уэрэд хъунущ», - къызжиIат. Хьэсэн жыхуиIам хуэдэуи хъуащ, уэрэдыр нобэми жаIэ, ауэ Хьэсэн абдежым къызжиIэу сытримыгъэгушхуамэ, сэ композитор сымыхъункIэ хъунут. «Мастэпэри гуауэщ, мастэпэри гуапэщ», - жиIащ адыгэм. Хьэсэн и псалъэ гуапэм сэри моуэ дамэ къыстригъакIэри, сытхэн щIэздзауэ щытащ. Езы Хьэсэн консерваторием сыкIуэху сригъэджащ сэ, композитор IуэхукIэ си япэ егъэджакIуэр аращ икIи абы хуабжьу сропагэ. Хьэсэн дауэ лъэпкъым зэрыгуэувар, жыпIэрэ укъызэупщIмэ, си жэуапыр мыращ: гъэтIылъыгъэ жыхуэтIэу уэрэдыпкъ макъамэ нэхъ дахэ дыдэу лъэпкъым иIэхэм ящыщщ Хьэсэн иуса уэрэдхэр. Абы «ПщыхьэщхьэхуэкIуэу си деж къыщIыхьэ» уэрэдым и закъуэ фIэкIа имыусами, си фIэщ хъуркъым игъащIэкIэ лъэпкъым и набдзэу къэмынэну, апхуэдизкIэ макъамэ дахэщ ари. «Анэм и Iэ», «Жаннэ», «Тхьэрыкъуэ пщэху» - дэтхэнэр къыхэбгъэщын. КIэщIу жыпIэмэ, Къардэныр къыщIалъхуар уэрэду къыщIэкIынут, ар нэгъэсауэ уэрэдуст. Дэ ди насыпт Хьэсэнрэ Балэ Мухьэдинрэ хуэдэ егъэджакIуэ-ущиякIуэ дызэриIамкIэ. Абыхэм гъуэгур тхузэIуахым, дэ абы хуиту дрикIуэурэ нобэм дыкъэсащ. Ар куэд дыдэ и уасэщ, «Нэхъыжь зимыIэм и Iуэхур Iэнкунщ», - жиIащ ПащIэ Бэчмырзэ. Сэ композитор IуэхукIэ гугъу сехьами, езы Хьэсэн, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, куэдкIэ нэхъ гугъу ехьащ. Сыту жыпIэмэ Хьэсэн япэ зыри итакъым, дэ абы дригъэджэжащ. Уэрэд тхыныр макъамэкIэ зэфIэкIыркъым, абы гармоние, полифоние, фактурэ жыхуиIэхэр и гъусэщ. Ахэр псори уэрэдым и фащэщ, абыхэм ухуеджауэ щумыщIэм деж гугъущ. Мис абы и лъэныкъуэкIи куэдым дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ Хьэсэн. Къардэн Хьэсэн уэрэдус къудейтэкъым, симфоние куэд иIэщ абы, лъэпкъым и дыщэ пхъуантэм далъхьауэ. Камернэ, инструментальнэ, хоровой жыхуэтIэхэр и куэдщ, балет итхащ, сабий уэрэд дахэхэр иIэщ. Хьэсэн и Iэр здынэмыса зыри къигъэнакъым, сыту жыпIэмэ, ар профессиональнэ композиторт. Куэд лъэкIащ, ауэ сэ уэрэдыр хэIэтыкIауэ щIыжысIэр апхуэдэ уэрэдус телъыджэ зэи диIагъэнукъыми аращ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ къытхэкIар нэсу тхуэгъэлъапIэркъым, дыхуэмейуэ аракъым, атIэ дунейр апхуэдэу хъуащ. Лъэпкъ бгъэкIуэдынумэ, къэрал быукIынумэ, япэ дыдэ и щэнхабзэр къутэ, щIалэгъуалэр зэмыджэн егъаджэ, зэмыплъын егъэплъ. Сэ си закъуэкъым мыр зи гукъеуэр, езы Хьэсэни мыбыхэм куэдрэ тепсэлъыхьу, телевиденэм, радиом я нэтыну ар зыхэтхэм абыхэм я гугъу щищIу щытащ. Хьэсэн къилэжьа псор си псалъэхэм къысхуимыгъэтIэсагъэнкIи мэхъу, ауэ «Адыгэ псалъэр» къэзгъэсэбэпу, жысIэну сыхуейт ди музыкантхэми Композиторхэм я союзым хэтхэми къабгъэдэкIыу зи IэдакъэщIэкIхэр ди щэнхабзэм и дыщэ гъэтIылъыгъэ хъуа Хьэсэн зэи зэрытщымыгъупщэнур!
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
|