Хъаным и медалыр

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграмм-каналым къызэритамкIэ, Кавказ Ищхъэрэм стIолыщхьэ теннисымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Дагъыстэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ставрополь крайм я спортсмену 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щхьэдэмыхауэ. 
Зэхьэзэхуэм и домбеякъ медаль къихьащ ди командэм щыщ Хъан Батыр. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ абы къыпэщIэтащ нэгъуэщI ди зы щIалэ – Абазэ Аслъэнбэч. Хъаным и тренерыр Темыркъан Заурщ.
Иджырей зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ Урысейм стIолыщхьэ теннисымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ накъыгъэм и 9 – I6-хэм Чебоксары къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм хэтыну. 

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:

Читать также: