ЗэкIэ етIуанэщ

ЕсэнтIыгу къалэм и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ а къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Зэпеуэм кърихьэлIащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм я командэу 8, езы джэгуахэр я ныбжькIэ илъэс 15-м щIимыгъуауэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы хэтащ Iэпщэ Александр и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм дэт футболымкIэ спорт еджапIэм и тренер Махъсидэ Лиуан и гъэсэнхэр икIи етIуанэ увыпIэр абы къыщахьащ.
Ди командэм и топджэгу Кабдрахманов Эдуард гъуащхьэхъумэ нэхъыфIу зэхьэзэхуэм къыщалъытащ, къитащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым. 

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:

Читать также: