Къэсынщ а гъатхэр

Адыгэ усакIуэ, литературовед цIэрыIуэ Къэжэр Хьэмид ХьэтIутIэ и къуэр 1938 гъэм фокIадэм и 15-м Бахъсэн районым хыхьэ Къызбрун къуажэм къыщалъхуащ. 1956 гъэм курыт еджапIэр къиухри, 1957 гъэм КъБКъУ-м Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. 1962 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэм щIэныгъэ щызригъэгъуэта нэужь, аспирантурэм к1уауэ щытащ. 1967 гъэм Тбилиси щыпхигъэкIащ «Традиции и новаторство в кабардинской советской поэзии» кандидат диссертацэр. 1967 гъэм и фокIадэм щегъэжьауэ дыгъэгъазэ хъуху Зеикъуэ курыт школым егъэджакIуэу щылэжьащ. А гъэ дыдэм КъБКъУ-м урысыбзэмрэ хамэ къэрал литературэмкIэ кафедрэм лэжьэн щыщIидзащ, УФ-м, КъБР-м я ТхакIуэхэм я союзым и член-корреспондент хъуащ. 
Школым щыщIэса илъэсхэм усэ тхын щIидзат Хьэмид. 1973 гъэм «Гъуэгум и бгъуагъ» япэ усэ тхылъыр дунейм къытохьэ. «Сыт хуэдизу щытын хуей гъуэгум и бгъуагъыр?» - щIоупщIэ ар, жэуапуи етыж: «И кIыхьагъым хуэдизу щытын хуейщ». ИкIи зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ гъуэгу щIыкIэ цIыхухэм ялъэгъуакъым. УсакIуэм дежкIэ ЩIыр планетэм и щэхущ. 
70 гъэхэм я пэщIэдзэм, творческэ интеллигенцэм идеологие текъузэныгъэр нэхъ щызыхащIэм, Къэжэрым и Iэдакъэ къыщIокI «сщIэркъым» псалъэр куэдрэ къыщыкIуэ тхыгъэхэр. «Хьэуэ» жыпIэну ухуимытмэ, «сщIэркъым» псалъэр жыпIэну лIыгъэ къыплъыкъуэкIын хуейщ – аращ «ИстхъыкIыжащ сатыр пщыкIуз» усэм и купщIэр. УсакIуэм и IэдакъэщIэкI псоми щыпхышащ зэпэщIэувэныгъэм хуиIэ щытыкIэр. Ауэ щынэхъ пшагъуэми усакIуэм гъатхэ бзийр IэщIолъагъуэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэжэрым къыдигъэкIа усэ тхылъхэм я цIэхэр зэрызэкIэлъыхьар гъэщIэгъуэнщ: «Гъатхэ пежьэ» (1988), «Гъатхэм и гъэ» (1989), «Нобэ» (1992), «Иджыпсту» (1994). «Гъатхэ пежьэ» тхылъым и купщIэ нэхъыщхьэр къэгъэлъэгъуа хъуащ «Къэсынщ а гъатхэр» усэмкIэ, зигу зэщыуа цIыхур псэкIэ зыпэплъэ гъатхэрщ зи гугъу ищIыр. «Иджыри щIы щхьэфэр тещтыкIащ, псым мыл къутахуэхэр кърехьэх, жыг зэщIэщтыхьахэр къэвыжыну щымыгугъэ пIалъэм, тхакIуэр а гъатхэм поплъэ, цIыхугъэм и дыгъэр къыщепсыну, цIыхугур зыгъэхуэбэжыну гъатхэм. Усэ псори хэкум теухуауэ жыпIэ хъунущ: анэм, адэшхуэм, щапIа унэм, и лъэпкъэгъухэм, гъунэгъухэм, ныбжьэгъухэм. Тхылъым ихуащ псалъэ Iущхэри. 
Къэжэрым и «Гъатхэм и гъэ» тхылъыр 1989 гъэм къыдэкIащ, ар Iыхьэ зыбжанэу зэхэтт: «Гъатхэ жьыбгъэ», «Си жыгхэр», «Прозэу тха усэхэр». Абы къищынэмыщIауэ, а тхылъым ихуащ гушыIэхэр, псалъэ Iущхэр. 1992 гъэм «Нобэ» усэ тхылъыр дунейм къытехьащ. Къэжэрым и творчествэм пIалъэщIэ хуэхъуащ «Иджыпсту» сборникыр. Авторым и жанрымрэ хабзэмрэ имыхъуэжу ирегъэфIакIуэ. Тхылъым ихуащ «Умынэщхъей, улIкъэ уэ» прозэу тха усэхэмрэ «Си шы къарапцIэ» сабий усэхэмрэ. Абы щыгъуэм япэу къыдигъэкIауэ щытауэ аращ балладэхэр, икIи жыIапхъэщ ахэр къызэрехъулIар. «Уэредадэ» балладэм усакIуэм екIуу къыщигъэлъэгъуэжащ Ридадэрэ пелуаныжьымрэ зэрызэзэуар. Ридадэ цIыху гъэсащ, хьэлэлщ, къекIущ, лIы хэIэтыкIа теплъафIэщ, абы къыпэщIэтыр Iейм я нэхъ Iейщ. Ридадэ текIуэныгъэр щызыIэригъэхьа дакъикъэм пелуаным IэщIокIуадэ ар. Абы иужькIэ лIыжьхэр джэгуакIуэм йолъэIури, уэрэд хуаус. ДжэгуакIуэр жэщ псом егупсысащ Ридадэ и шыфэлIыфэр къызэригъэлъэгъуэнум. Пщэдджыжьым джэгуакIуэм и щхьэм къохьэ: цIыхубэ лIыхъужьым зэрихьа лIыгъэм «Ридадэ» фIырыращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар зэбгъэпщэн къэгъуэтыгъуейщ. Абы лъандэрэ адыгэм дежкIэ щытхъу нэхъыщхьэр «Уэ-Ридадэ». 
1998 гъэм усакIуэм тхылъыщIэ къыдигъэкIащ «Усыгъэхэр» и фIэщыгъэцIэу, абы ихуащ усэ къыхэхахэр. 
Къэжэрым и усыгъэм философие куу щIэлъщ, художественнэ образхэр гъэщIэгъуэну къеIуатэ. «Гъэгъам хъыджэбзыр хуэгуфIащ» усэм зи гугъу щищIыр гъащIэ кIэншэмрэ гъуазджэм и телъыджагъымрэщ. Хъыджэбзыр удз гъэгъа дахэм зэрыщыгуфIыкIар усакIуэм ипхъуатэри, усэ хузэхилъхьащ. Гъэгъари хъыджэбзри щыIэжкъым, ауэ усэр къэнащ. Ар дыдэщ зытеухуар «Пигмалионрэ Галатеярэ» усэри. Галатеяр усакIуэм дежкIэ кIэух зимыIэ, зыми хуэмыдэ дахагъэщ. ЦIыхур а дахагъэм гъунэгъу хуохъу, щеIуси щыIэщ, ауэ ар зыхищIэфыркъым и кIэм нэсу. 
УсакIуэм къигъэщI образхэр къызэрыгуэкIыу щыт пэтми, хьэлэмэту къыдбгъэделъхьэри, Iуэхуми зрегъэхъуэжыф. Апхуэдэу цIыхум щIыуэпсым хуиIэ еплъыкIэр ехъуэжыф абы. Сыт гъащIэм нэхъ щыщыр: мазэм псым тридзэ нэхура, хьэмэрэ езы мазэра? УсакIуэм и IэдакъэщIэкI нэхъ цIыкIуми дуней псом и щэху щыщIэгъэпщкIуа щыIэщ. Удз гъэгъа цIыкIум и щэхур бжьэм ищIэркъым, бжьэм и щэхур жыгым ищIэркъым, жыгым и щэхури гъэгъами бжьэми ящIэркъым. Ахэр псори цIыхум къагурыIуэным щогугъ, аращ псори зэлъытыжар. 
КъызыхэкIа лъэпкъым и гугъу щищIым, усакIуэм къегъэнаIуэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр цIыхухэр зэрыарар. «Лъэпкъым и къулеигъэ» балладэм къыхэщыжыр адыгэхэр зауэ IэнатIэм щыIутам щыщ Iыхьэщ. ЗэуапIэ губгъуэм ит лIыжьым къыгуроIуэ иджыри зэман тIэкIу дэкIыжмэ, и лъэпкъым щыщ зауэлI псори къызэраукIынур. Абы щыгъуэм хэкIыпIэу щыIэ зы закъуэр къегъуэтри, зауэлI гуп мыиным захуегъазэ: «Ди лъэпкъыр фхъумэну фыхуеймэ, бгым фыкIуэ». ЛIыжьым и унафэр мыхъуамэ, зы цIыхум ибгынэну хъунтэкъым зэуапIэ губгъуэр. УсакIуэм образнэу къызэригъэлъэгъуащи, хабзэр лъагэу яIэтащ, къурш зэхуакухэм дэкIыу бгыщхьэм щаIэтын хуэдэу. Абы лъандэрэ лъэпкъым игъэлъапIэр хабзэм и бгъуагъым и закъуэкъым, атIэ и кIыхьагъри елъытэ. Адыгэхэм яIэщ зызыхуагъэдэн, ар Кавказ къуршыщхьэ лъагэхэрщ. 
Гъэсэныгъэм епха Iуэхухэр хуабжьу куущ. Бгырысым япэщIыкIэ къуршыщхьэ лъагэм зыхуигъадэу и щхьэр еIэт, пыIэр щхьэрыхуу. ИтIани, пыIэр щхьэрысу дэплъеифу зрегъасэ. Абы къегъэлъагъуэ цIыхур хэхъуэу, бгыхэм яхуэдиз зэрыхъур. 
Къэжэр Хьэмид и творчествэ къулейр хэухуэнащ лъэпкъ литературэмкIэ и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм. Абы и литературоведческэ, литературно-критикэ тхыгъэхэр ятеухуащ къэбэрдей литературэм и зыужьыныгъэмрэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ. 1967 гъэм щегъэжьауэ, илъэс куэдкIэ, хамэ къэрал литературэмкIэ кафедрэм щригъэджащ Хьэмид. 
 

 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться:

Читать также: