НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 8, блыщхьэ

Урысей анимацэм и махуэщ
УФ-мрэ Белоруссиемрэ я дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1918 гъэм
адыгэ узэщIакIуэ, щIэныгъэлI Сихъу Сэфарбий и усэхэр зэрыт тхылъ къыдэкIащ.
1908 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щыщ парт, совет лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Чэмокъуэ Аслъэнджэрий.
1938 гъэм
къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыкъуэ Къаплъэн.
1945 гъэм
къалъхуащ Адыгеймрэ УФ-мрэ я цIыхубэ сурэтыщI, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къат Теучэж.
1957 гъэм
къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Пащты Борис.
 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 10 - 14, жэщым градуси 7 щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
IуэрыIуатэ нэхърэ нэрылъагъу.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ