«Дыжьын бзэпсхэр»

Зэпеуэхэр

Иджыблагъэ хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ, Жанхъуэтекъуэ щыщ «Дыжьын бзэпсхэр» («Серебрянные струны») ансамблым «Горизонты педагогики» урысейпсо зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ.

Къыхэгъэщыпхъэщ зэпеуэр зэпэIэщIэу (заочнэу) екIуэкIами дыдейхэм я зэфIэкI къанэ щымыIэу  ягъэлъэгъуэну зэрахузэфIэкIар.

Уэрэд жыIэнымрэ макъамэ еуэнымкIэ Iыхьэм гупым щагъэзэщIащ «Под окном черемуха колышется» уэрэдыр. Жэнхъуэтекъуэ дэт щэнхабзэ-нэгузегъэужь IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI Къущхьэ Заурбий зэрыжиIамкIэ, ансамблыр щIалэми (2018 гъэм къызэрагъэпэщауэ аращ), зэпеуэ зэмылIуэжьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIащ. 2019 гъэм ныбжьыщIэ цIыкIухэр «Берега дружбы» хэгъуэгузэхуаку зэпеуэм щытекIуауэ щытащ.

- ЗэрымыщIэкIэ къызэдгъэпэщауэ жыпIэ хъунущ ансамблыр. Сабийхэр гитарэ еуэкIэ езгъэсэну къыщызэлъэIум, «хьэуэ» яжезмыIэфу сытегушхуэри арэзы сыхъуат. ИужькIэ гупым фIэтща «Дыжьын бзэпсхэр» цIэри езы сабийхэращ зигу къэкIар, - жеIэ Къущхьэ Заурбий.

КъэпщытакIуэ гупыр итхьэкъуат  ансамблым хэтхэм я уэрэд жыIэкIэмрэ гитарэ гъэбзэрэбзэкIэмрэ.

Къэгъэлъэгъуапхъэщ ансамблым хэтхэр  бжьамийми зэрахуэIэкIуэлъакIуэр. Абыхэм я мурадщ иджыри нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэм еуэу зрагъасэу, а щыри зэхэту гъэщIэгъуэн гуэр ягъэзэщIэну.

Ансамблым хэт цIыкIухэми, ар зыгъэсахэми дохъуэхъу. ЕхъулIэныгъэ я бэу иджыри куэдрэ я цIэр фIыкIэ къраIуэну ди гуапэщ.

 

 .
 

ИНЭРОКЪУЭ Данэ.
Поделиться: