НэхъыфIхэм я зэхьэзэхуэ

Тхэквондо

Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым мы махуэхэм щекIуэкIащ олимп тхэквондомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и чемпионат.  
КИФЩI-м  ТхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ «КъБР-м терроризмэмрэ экстремизмэмрэ щапэщIэтын» къэрал программэм къызэщIиубыдэу. «Коронавирус узыфэм и зэранкIэ чемпионатым хэтахэр мащIэ дыдэу щытащ – мыбы къэкIуар щIыналъэхэм я спортмен нэхъыфIхэрщ», - жиIащ абы.  
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм щызэуа гупхэм пашэныгъэр щызыубыдахэм Iэмал ягъуэтащ фокIадэм и 9-I5-хэм Подмосковьем щекIуэкIыну Урысейм и чемпионатым хэтыну.
Дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ Багъ Даринэ (кг 46-рэ), Шэфий Лианэ (кг 57-рэ), Багъ Идар (кг 54-рэ) сымэ. ЕтIуанэ хъуащ СатIушы Мадинэ (кг 49-рэ), Яхненкэ Даниил (кг 54-рэ), Бейтыгъуэн Тимур (кг 74-рэ).  Домбеякъыр къахьащ Жылэ Татьянэрэ (кг 73-м щIигъу) Сэхъу Тамерланрэ (кг 63-рэ).
Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Ахъмэт Амир, Кугъуэндокъуэ Ялдар, БжэныкIэ Резуан, Хъурей Беслъэн, Унэжокъуэхэ Къантемыррэ Абделджабаррэ.
КИФЩI-м и чемпионатым къыдэкIуэу «Гладиатор»-м щызэхэтащ илъэси I0-I4-м ит щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Псори зэхэту хэгъэрейхэм абы щызыIэрагъэхьащ медаль 44-рэ.
ТекIуэныгъэ къэзыхьахэр кубокхэмкIэ, медалхэмрэ грамотэхэмкIэ ягъэпэжащ.

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться: