Дауэ сабийм цIыху хэтыкIэ зэребгъэщIэнур?

 Зэрызэхаублэрэ мазэ бжыгъэ фIэкIа мыхъуа «Унагъуэ» проектым цIыхухэр къыдахьэхыну хунэсащ адэ-анэхэр зыIууэ Iуэху зэфIэхыгъуейхэр тынш зэрыпщIын Iэмалхэм зэрытепсэлъыхьымкIэ. 
 
 «Сабийм цIыху хэтыкIэ зыщригъасэр сабий IыгъыпIэракъым икIи школракъым, езым и унагъуэрщ, - жеIэ зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм и психолог, «Унагъуэ» проектым и къызэгъэпэщакIуэхэм яз Апажэ Валерий. - Аращ сабийм зэрыхъукIэ нэхъыбэрэ епсэлъэн, дэджэгун, игъусэн щIыхуейр. Iэмал иIэххэмэ, илъэсищ хъуху, «сэ езым» жыхуиIэ гупсысэр зэфIэувэху, сабийр и унагъуэм имыкIмэ нэхъыфIщ. Ар зы. ЕтIуанэрауэ, сэ си щхьэкIэ адэ-анэм, псом хуэмыдэу, анэм чэнджэщ изот сабийр илъэсищ хъухукIэ метритI нэхърэ нэхъ жыжьэу зыбгъэдимыгъэкIыну. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, анэращ сабийм дежкIэ психолог, гъэсакIуэ нэхъыщхьэр, аращ ар гъащIэм хуэзыунэтIыр, цIыху хэтыкIэм япэ лъэбакъуэхэр хезыгъачэр. Илъэсищ хъууэ сабий IыгъыпIэм етшэлIа нэужь, Iуэхум воспитателхэр къыхоувэ. Фи фIэщ фщIы, сабий нэхъ укIытэх дыдэми цIыху хэтыкIэ зэрыригъэщIэн Iэмалхэр ещIэ воспитателым. А ныбжьым езы цIыкIухэми яфIэфIщ адрей сабийхэм ящIэм кIэлъыплъыну. Адэ-анэмрэ гъэсакIуэмрэ Iуэхум пэжу бгъэдыхьэфын хуейуэ аркъудейщ. Иджыри гу зылъытапхъэхэм яз: Iэмал щыIэххэмэ, быныр сытым дежи адэм е анэм ишэу щымыту, захъуэжурэ ирырашэ сабий садым». 
 Фигу къэдгъэкIыжынщи, IVS хьэрычэтыщIэ компаниехэр зыгъэлажьэ Нэхущ Азэмэт и акъылэгъухэр и гъусэу къызэригъэпэща «Унагъуэ» проектым елэжьхэм я мурадщ унагъуэм и пщIэр къаIэтыжыну, щIэныгъэр я тегъэщIапIэу, адэ-анэмрэ сабиймрэ я зэхущытыкIэм IэфI къыщIагъэхьэжыну. IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр сыт щыгъуи хьэзырщ унагъуэм щызэхуэмыхъу лъэпощхьэпохэм хэкIыпIэ къыхуамыгъуэтыфу закъыхуэзыгъазэхэм  чэнджэщ иратыну.  
 
Чэрим Марианнэ.
Поделиться: