Пшад (Пшъадэ)ЩIыпIэцIэхэр ФIэщыгъэр кIэрыпщIащ урысхэм мы щIыпIэм щаухуа къуажэм, абы къыщхьэщыт, метр 743-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм, натхъуэдж адыгэ лIакъуэм щыщ цIыхухэр зыдэса тIуащIэм, Геленджикрэ (ХъупIэжьий) Архипо-Осиповкэрэ зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэмрэ абдежым гъунэгъуу щежэх псы цIыкIумрэ (иужьрейм «Дуаб»-кIи еджэу щытащ). ЩIЭНЫГЪЭЛIХЭМ я нэхъыбапIэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, «Пшъадэ («Пшад») щIыпIэцIэм и япэ Iыхьэр, «пшы»-р, «псы» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна псалъэпкъыращ. НэгъуэщIхэми къызэралъытэмкIэ, фIэщыгъэр абхъазыбзэм хэт «апшадэ» («жьыншэ») псалъэм къытехъукIащ. УарохьэлIэ щIыпIэцIэр иджырей кIахэ адыгэбзэм IыхьитIу щызэхыхьэ «пщэ-ды» жыIэкIэм хуэзышэхэми. Абыхэм къызэрыхагъэщхьэхукIымкIэ, япэ Iыхьэр, «пщэ»-р, «пшэ», «пшагъуэ» мыхьэнэхэм уахуэзышэщ, «ды»-р «щIэзыхъума», «зысея», «зыгъэдия» егупсысыкIэм убгъэдэзышэщ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
16.05.2024 - 12:16 →
ТекIуэныгъэ Иным теухуа концертхэр
|