КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Меняйло Сергей ехъуэхъуащ ар Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Iэтащхьэу зэрыхахамкIэ

«Си лэжьэгъу икIи си ныбжьэгъу, пщIэ зыхуэсщI Меняйло Сергей Иван и къуэм Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Iэтащхьэм и къулыкъум зэрыхахамкIэ си гуапэу сохъуэхъу! - Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иритхащ КIуэкIуэ Казбек. - УнафэщI къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр иIыгъыу къэралым и щIыналъэ щхьэхуэхэм щыщылажьэм игъуэта зэфIэкIым и фIыщIэкIэ езыр щалъхуа Осетие Ищхъэрэм къыпэщыт социально-экономикэ къалэн инхэр Сергей Иван и къуэм зэрыдигъэкIыфынум, республикэм исхэм я плъапIэхэм яхуэфащэу зэрыщытыфынум икIи абыхэм я дзыхьыр зэригъэпэжынум шэч къытесхьэркъым. Сергей Иван и къуэм сохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэну, Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм щыпсэухэм- ди гъунэгъуфIхэм икIи ди къуэшхэм фIыгъуэ къахузэгъэпэщыным хуэгъэза и лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ инхэр къыщихьыну. Осетие Ищхъэрэм ис псоми мамырыгъэ, фIыгъуэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну си гуапэщ».

Поделиться: