Гъэр яхуэфIащБахъсэн щIыналъэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и управленэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мы илъэсыр мэкъумэшыщIэхэм яхуэIеякъым. Бжьыхьэм и зэхуэдитIыр уэтIпсытIу щыта пэтми, гъавэр кIэрыхуншэу кърахьэлIэжащ. Иджыпсту абы хащыкIыпхъэр хащыкI, ягъэтIылъыпхъэр гъавэ хъумапIэхэм ирашалIэ. Мы гъэм сэхурану гектар мини 3,5-м щIигъу яIащ икIи ар кIэрыхуншэу кърахьэлIэжащ. Псом хуэмыдэу сэхураныр бэв яхуэхъуащ Ислъэмей, Бахъсэненкэ жылагъуэхэм я бэджэндырылажьэхэм. - Гъавэм и бэвагъыр сыткIи елъытащ иджырей технологиещIэхэм я къэгъэсэбэпыкIэм. Къурмэн Алисэхьрэ Улымбащ Зауррэ гъэ псом Iуэхум хуэбэлэрыгъакъым. Къапщтэмэ, Къурмэным и хозяйствэм гибрид сэхуран лIэужьыгъуэу 12 щагъэунэху, лэжьыгъэри хъарзынэу ипэкIэ мэкIуатэ, - жиIащ управленэм и унафэщI Къаскъул Хьэмидбий. Гибридхэм я дэтхэнэри ди щIыналъэм и дуней щытыкIэм сыткIи къезэгъыу, бэвагъкIи ущыгугъ хъуну къыхахащ. Опытнэ хозяйствэхэм я сэбэпкIэ щIыналъэм и адрей хозяйствэхэри жылапхъэфIхэмкIэ тэмэму къызэгъэпэща хъунущ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 10:18 →
Адыгэхэр дэни щылэжьакIуэшхуэщ
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
06.05.2024 - 16:09 →
ЦIыхум зезыгъэузэщI
06.05.2024 - 15:22 →
Сом меларди 3,3-рэ хухах
|