Бзэм уи зэхуакум гъунапкъэ къыдинэркъымАдыгэбзэм теухуа хъыбархэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм зэхахагъэнщ илъэс куэд хъуауэ адыгэбзэр зыдж профессор Коларуссо Джон и цIэр. США-м и президенту щыта Клинтон Билл Кавказ IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу щIэныгъэлIыр щылажьэр Канадэм щыIэ Макмастер университетырщ. Иджыблагъэ щэнхабзэмрэ жылагъуэ Iуэхухэмрэ къыщыхэжаныкIа адрей цIыхушхуэхэм я гъусэу, ар кърагъэблэгъащ Мейкъуапэ дэт Адыгэ университетым хыхьэ Дунейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ центрым онлайн IэмалкIэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Урысейм, Тыркум, Японием, Иорданием, США-м, Кавказ республикэхэм щыщ щIэныгъэлIхэмрэ студентхэмрэ хэлэжьыхьащ хэтхэр зэпэIэщIэу екIуэкIа щIэныгъэ конференцым. Япэ лекцэр утыку кърихьащ Коларуссо Джон. Профессорым и псалъэр теухуат адыгэбзэм и къежьапIэмрэ адыгэхэм я дуней тетыкIэр бзэм уэру зэрызэщIишамрэ. ЗэIущIэр махуитIкIэ екIуэкIащ. Псалъэмакъыр нэхъыбэу зытеухуауэ щытар адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэщ. ЩэкIуэгъуэм и 11-м утыку кърахьащ «Пасэрей КъухьэпIэ Кавказыбзэр. Пасэрей индоевропеибзэр. КъежьапIэмрэ лъабжьэмрэ (Proto-North West Caucasian/Proto-Indo-European. Sources and origin) зыфIаща лекцэр. ЩэкIуэгъуэм и 12-м ирагъэкIуэкIар нартхэм ятеухуат: «Нарт эпосыр адыгэхэм я щэнхабзэм и IункIыбзэщ» (The Nart Sagas as a cultural code of the Adyghe people). «Дэнэ Прометей (Нэсрэн ЖьакIэ – ред. ) зыщыщыр?» - иратащ профессор Коларуссо упщIэ. «Шэч хэлъкъым, - Кавказым», - къажриIащ щIэныгъэлIым. ЕтIуанэ упщIэр Нарт эпосыр зеинкIэ хъуну лъэпкъхэм теухуат. Ар Кавказ лъэпкъ зыбжанэм зэIэпахыу щытми, япэ ирагъэщыр адыгэ-абхъаз IуэрыIуатэрауэ къажриIащ. «Мыхьэнэ зиIэр Нарт эпосым Кавказыр зэрыщыту зэрызэпищIэрщ, щIыналъэхэм я зэхуаку гъунапкъэ къызэримыгъанэрщ», - аращ зэхуэзахэр зэакъылэгъуу зыхуэкIуа гупсысэр. Лэжьыгъэр къызэзыгъэпэща Мэчэр Сусаннэ я мурадыр къазэрехъулIам топсэлъыхьыж: «ЗэIущIэр жьы щIэту екIуэкIащ. И жыпхъэкIэ ар ещхьт щIэныгъэлIхэр студент гупым щадэурэшэр зэхыхьэм. Мы Iуэхум мурад нэхъыщхьэу иIэр студентхэр щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм тегъэгушхуэн, хэпщIа хъунырщ. Ущием я нэхъыфIыр щапхъэрауэ зэрыщытыр хэти ещIэ, гъуазэ пхуэхъури тхыдэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI ЦIыхурщ. Абы къыхэкIыу, дызыдэплъейри лэжьыгъэмрэ гъащIэмрэ я пIалъэ зыщIэ, псалъэм папщIэ, Коларуссо Джон хуэдэу гулъытэ зэзышалIэ IэщIагъэлI гъэщIэгъуэнхэрщ. Ди егъэблагъэ тхылъым фIыщIэкIэ къыщыпэджэжым абы къытхуитхащ адыгэбзэм зыщIиша адыгэхэм я щIэныгъэ щIэинымрэ Нарт эпосым къыхэщ лIыхъужь образхэмрэ я философиемрэ иджыным и гъащIэр зэрытриухуар. «А щIэныгъэлI щэджащэм и цIыху щIыкIэм ситхьэкъуауэ сыкъыхэкIыжащ зэIущIэм», - жеIэж конференцым хэлэжьыхьа псори зэпызыщIа журналист Панеш Саидэ. Зи гугъу тщIы зэIущIэри абы ихъуреягъкIэ ежьа адрей лэжьыгъэхэри щекIуэкIар Адыгэ университетым и инджылызыбзэмкIэ факультетырщ, абы и лэжьакIуэхэри хэту. КъинэмыщIауэ конференцым и лэжьыгъэм жыджэру хэуващ Адыгэ республикэм ис IуэрыIуатэджхэри, Кавказым щыщ адрей щIыналъэхэм щыщ щIэныгъэлIхэри. Пасэрей кавказыбзэхэм я гугъу щыпщIкIэ, Iэмал уогъуэт щэнхабзэ, бзэ зэмылIэужьыгъуэкIэ псалъэхэм я зэхуаку лъэмыж щызэпрыпшыну. ЗэIущIэм зигу хигъэхъуар щIэныгъэлIхэм я закъуэкъым. Хамэ къэралыбзэхэр щадж факультетым и студентхэм бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэм и гъащIэ гъуэгум ириплъэну, я упщIэхэм жэуап убгъуа езы профессорым къыбгъэдэкIыу зэхахыну Iэмал яIащ. Уэ пIурылъ анэдэлъхубзэм и къежьапIэ жыжьэм апхуэдэ хьэщIэ къыпхутепсэлъыхьыныр гъащIэр зэрыщыту лъэныкъуэ гуэркIэ зыунэтI щхьэусыгъуэщ. Абы нос бзэм и зэфIэкIыр. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэIущIэр къайхъулIауэ къалъытэ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|