ДзыхьмыщIым и фэеплъ зэхьэзэхуэНалшык щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм дэт «Гладиатор» универсальнэ спорт комплексым и алэрыбгъухэм щызэбэна зи ныбжьыр илъэс 24-м нэблагъэ спортсменхэм я зэIущIэхэр фэеплъ хуащIащ ДзыхьмыщI Мухьэмэд. Махуищым къриубыдэу щIыналъэм и жылагъуэ псоми къикIа атлет 220-р щыбэнащ я хьэлъагъ елъытауэ гуэшауэ щыта гупипщIым. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм хэгъэрейхэм медаль зэмылIэужьыгъуиплI къыщахьащ. ПэщIэдзэ зэIущIэхэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ щызыIэрызыгъэхьа Шэру Иналбэч зи хьэлъагъыр килограмм 70-м нэблагъэхэм я финалым хухаха зэманыр имыух щIыкIэ щыхигъэщIащ Шэшэным къикIа Тулшаев Магомед. Зыхэта гупхэм я кIэух зэIущIэхэм къыщытекIуэри дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ Жыласэ Рустам (кг 57-рэ), Гажонов Исмэхьил (кг 97-рэ), Кумыщ Тамерлан (кг 125-рэ). Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым КъБР-м щыIэ УФСБ-м и унафэщI Воронин Сергей къыбгъэдэкIыу «Зэхьэзэхуэр къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн зэрыхъуам папщIэ» щIыхь тхылъхэр иратащ Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и доцент КIуэкIуэ Лианэрэ «Шагъдий» къэфакIуэ ансамблым и унафэщI Унэжокъуэ Заремэрэ. Зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Iэмал ягъуэтащ мы гъэм и шыщхьэуIум Пермь щекIуэкIыну зи ныбжьыр илъэс 23-м нэблагъэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:21 →
Медаль тIощIрэ бгъурэ
02.05.2024 - 14:15 →
Дыщи домбеякъи къахь
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
|