Ныбжьэгъу пэж

Илъэс 50-м нэблэгъауэ Заур соцIыхури, фIы фIэкIа схужыIэнукъым. 1973 гъэм «Кабардинкэм» сыщыхыхьам, Ма­рыщыр солисту хэтащ. ИкъукIэ дахэу ­къафэрт. Абы игъэзащIэу сигу къинахэм ящыщщ «Ислъэмей», «Псынэм деж» къафэхэр.

Абы лъандэрэ дызэныбжьэгъущ, ерыс­къы IэфI куэд зэдэтшхащ, мазэ бжыгъэкIэ гъуэгу дызэдытетащ. Ди къэралыр зэры­щыту къызэхэткIухьащ. 1974 гъэм Ипщэ, Центральнэ, Ищхъэрэ Америкэхэм, мазиплIым къриубыдэу къэрал ­18-м ды­щыIат. А лъэхъэнэращ дэ нэхъ ­гъунэгъуу дызэрыцIыхуу ныбжьэгъу ды­щы­зэ­хуэ­хъуар. Ар ящыщщ гурэ псэкIэ лъэпкъ къа­фэр фIыуэ зылъагъу, абы хуэпэж цIы­ху­хэм. Дауи, ар пенсэм тIысыжа иужь нэ­гъуэщI IэщIагъэм зрипщыт хъунут, ауэ, и гум жиIэм ебэ­къуэ­факъым армыхъу.
Дэ куэдрэ Заурхэ я унэ дыщыхьэщIащ. Абы и щхьэгъусэ ДыщэкI ФатIимэ, унэгуа­щэ Iэдэбу, ерыскъыфIэу, цIыху гуапэу дунейм тетащ.
Заур и махуэ лъапIэмкIэ сехъуэхъуну сыхуейщ, ехъулIэныгъэ щымыщIэу, ефIа­кIуэу, и пхъурылъху цIыкIухэм я хъер илъагъуу, узыншэу тхуэпсэуну ди гуа­пэщ.

Музыкэ театрым и унафэщI Бэрэгъун Руслан.
Поделиться: