НобэIэщэ зыщIым и махуэщ Японием щагъэлъапIэ зи ныбжь хэкIуэтахэм пщIэ яхуэщIыным и махуэр 1648 гъэм франджы физик, математик цIэрыIуэ Паскаль Блез къихутащ гидростатикэм и хабзэ нэхъыщхьэр. 1888 гъэм дунейм щыяпэу Бельгием щекIуэкIащ цIыхубз нэхъ дахэр къыщыхах зэпеуэ. 1943 гъэм партизанхэм щIадзащ «Концерт» зыфIаща операцэм. Абы хэтащ къэралым и партизан гупи 193-рэ - Белоруссием, Прибалтикэм, Карелием, Кърымым, Ленинград, Калинин областхэм щыщу. ГъущI гъуэгухэм лагъымхэр щIалъхьэу къагъауэурэ фашистхэм я мурад куэд къызэпаудащ абыхэм. Мазэрэ ныкъуэм къриубыдэу партизанхэм гъущI гъуэгу рельс мини 149-м нэблагъэ къагъэуат. 1963 гъэм Инджылызымрэ Франджымрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ Ла-Манш и щIагъым щIэкIыу гъущI гъуэгу яухуэну. 1996 гъэм дунейпсо Арктикэ советыр къызэрагъэпэщащ. 1544 гъэм къалъхуащ Урысейм и пащтыхь Иван Грознэм и щхьэгъусэу щыта Идар Гуащэнэ. 1937 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, усакIуэ, публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист АбытIэ Владимир. 1952 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэу щыта, УФ-ми КъБР-ми я ЩIыхь тхылъхэр зрата ЛIыгъур Хъусен. 1967 гъэм къалъхуащ урысей бэнакIуэ, Олимп джэгухэм плIэнейрэ щытекIуа, жылагъуэ лэжьакIуэ, Урысейм и ЛIыхъужь Карелин Александр. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 - 25-рэ, жэщым градус 16 - 17 - IIщыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Уи щхьэ хуэпщIыжыр уи нэмысщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
|