НОБЭ

ФокIадэм и 27, гъубж

Туризмэм и дунейпсо махуэщ
ГъэсакIуэхэмрэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щапI IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я махуэщ
Саха Республикэм (Якутием) и къэрал суверенитетым и махуэщ.
1942 гъэм
ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ къищтащ республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ гупхэр къыщызэгъэпэщын хуейуэ. 
1960 гъэм Останкинэ телечэщанэр – Европэм щынэхъ лъагэ дыдэр – ухуэн щIадзащ.
1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, литературэдж, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэщхъуэжь Раисэ.
1965 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэбий Анзор.
1967 гъэм къалъхуащ модельер, адыгэ фащэхэр дыным хуэIэкIуэлъакIуэ, химие щIэныгъэхэм я кандидат ХьэцIыкIу Мадинэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 21-рэ, жэщым градус 9 - 11 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъусэ ямыщIынум блэкI пэтрэ йоджэ.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ